Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид гъуэгу шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыны- мкIэ комиссэм и зэIущIэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ. ЗэIущIэр къызэIуихкIэрэ, ди хэгъуэгум и Iэтащхьэм жиIащ иужьрей илъэсхэм республикэ властым и зыгъэзащIэ органхэмрэ федеральнэ структурэхэмрэ зэгъусэу гъуэгу шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным ехьэлIауэ лэжьыгъэ купщIафIэ зэрырагъэкIуэкIар.
Апхуэдэу, нэрылъагъуу ефIэкIуащ федеральнэ, республикэ мыхьэнэ зиIэ гъуэгухэм я щытыкIэр. Къэрэшей-Черкесым и закъуэщ гъуэгухэр къэзыгъэнэху Iэмэпсымэхэр здагъэувар. КъинэмыщIауэ, республикэм травматологическэ купси 7 щолажьэ. Абы и фIыгъэкIэ машинэ зэжьэхэуэхэм хэкIуадэ цIыхухэр нэхъ мащIэ хъуащ. Апхуэдэщи, «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэ» машинэхэр зэхурикъуу зэрызыIэрагъэхьам къыхэкIыу машинэ зэжьэхэуэхэм хэхуахэм япэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэр щIэх ирагъэгъуэт. Республикэм и Iэтащхьэм зэрыжиIамкIэ, гъуэгум къыщыхъу хабзэншагъэхэр нэхъ мащIэ хъуащ видеофиксацэхэр зэрагъэувам къыхэкIыу. НобэкIэ апхуэдэ Iэмэпсымэу 30 ягъэувагъэххэщ, куэд мыщIэу иджыри 40-м лэжьэн щIадзэнущ. Арами, Темрезов Рэшид жиIащ машинэ зэжьэхэуэхэр къызэрыхъур, цIыхухэр зэрыхэкIуадэр, фэбжь зэхуэмыдэхэр зэрыхахыр. Узыгъэгузавэщ абыхэм сабийхэр зэрахэхуэр. Темрезов Рэшид къызэрыхигъэщамкIэ, машинэ зэжьэхэуэхэр нэхъыбэу къызыхэкIыр водительхэм гъуэгу хабзэхэр зэрамыгъэзащIэращ. Абы жиIащ цIыхухэм профилактикэ лэжьыгъэ драгъэкIуэкIын зэрыхуейр. — Мы Iуэхугъуэм жылагъуэ организацэхэр, цIыху жыджэрхэр, хъыбарегъащIэ Iэмалхэм я лэжьакIуэхэр къыхэшэн хуейщ. Гъуэгубгъухэм ягъэув, машинэм кIэлъыплъ Iэмэпсымэхэр нэхъыбэ щIыпхъэщ. Водительхэр зыгъэхьэзыр еджапIэхэм я лэжьыгъэр ткIийуэ ди нэIэм щIэдгъэтын хуейщ. Мы зэманым куэд отпуск зэрыкIуэм къыхэкIыу, республикэм и къэралкIуэцI IуэхухэмкIэ и Министерствэм, республикэм и зыгъэзащIэ властым и органхэм, муниципальнэ къэхъугъэхэм я Iэтащхьэхэм зыфхузогъазэ гъуэгухэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным ехьэлIауэ Iэмалу щыIэр къэвгъэсэбэпыну, гъуэгу хабзэхэр зыкъутэхэм нэхъ ткIийуэ фабгъэдыхьэну. ЗэIущIэм хэтхэр фыкъыхузоджэ мы Iуэхугъуэм жэуаплыгъэ хэлъу фыбгъэдыхьэну, гъуэгу шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир унафэ ищIамрэ Хабзэм къытхуигъэувымрэ гъэзэщIэным фи лэжьыгъэр хуэвунэтIыну, — жиIащ Темрезов Рэшид. ИужькIэ къэпсэлъащ республикэм и МВД-м, прокуратурэм, егъэджэныгъэмкIэ, промышленнэмрэ сатумрэкIэ Министерствэхэм, МЧС-м я унафэщIхэр, къалэхэмрэ районхэмрэ я Iэтащхьэхэр. Къэпсэлъэныгъэ нэужьым гъуэгухэм я щытыкIэр егъэфIэкIуэным, нэхъыщхьэр, ДТП-м ехьэлIауэ профилактикэ лэжьыгъэхэр егъэкIуэкIыным хуэунэтIауэ щIапхъэхэр зэхагъэуващ. — Гъуэгу шынагъуэншагъэм ехьэлIауэ къалэнхэр къызыхуэувыр властым и органхэм, гъуэгу, хабзэхъумэ къулыкъухэм я закъуэкъым. Мы Iуэхугъуэм дэтхэнэри къыхыхьэн хуейщ. Апхуэдэщ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, хъыбарегъащIэ Iэмалхэм я лэжьакIуэхэр, егъэджэныгъэм и лIыкIуэхэр. Псом хуэмыдэу, мы Iуэхугъуэм хэлэжьыхьын хуейщ адэ- анэхэр. Сабийр цIыкIу щIыкIэ гъуэгу хабзэхэр игъэзащIэу къэгъэтэджыпхъэщ. Нобэ къэтIэта упщIэхэм гулъытэ хуэтщIын, ахэр зэфIэха зэрыхъуным дэтхэнэри делэжьын хуейщ, — зэIущIэм и кIэм жиIащ Темрезов Рэшид.
Комментарии