Къэралым мы зэманым мыхьэнэ хуабжь ирет хэкупсэ гъэсэныгъэм. Сыту жыпIэмэ, Хэкур фIыуэ лъагъуным щIэблэр къызэрыхураджэ лэжьыгъэм аращ лъабжьэ хуэхъур. Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэр къызэрыщалъэщрэ илъэс 70 зэрырикъуам и щIыхькIэ, Урысейм Iуэхугъуэ куэд щрагъэкIуэкIащ. Абы хиубыдащ еджапIэхэм, щэнхабзэ къудамэхэм, сабийхэм хуэлажьэ купсэхэм къызэрагъэпэща зэхьэзэхуэхэр. Абыхэм ящыщщ иджыблагъэ Хьэбэз къуажэм щекIуэкIар. «Смотр песни и строя» зэхьэзэхуэр къызэригъэпэщащ сабийхэм я творчествэмкIэ Хьэбэз районым и купсэмрэ абы и методист Аслъэныкъуэ Еленэрэ. Зэхьэзэхуэм хэтащ сабий гупи 10. Абыхэм ягъэлъэгъуа зауэлI зекIуэкIэ IэкIуэлъэкIуагъыр хуабжьу ягу иризхьащ къызэхуэсахэм. Гупхэм ягъэзэщIащ уэрэдхэр, псори зэдэгъусэу зэрызагъазэр, зэдэхъуу къызэракIухьыр наIуэ ящIащ. Абыхэм я IэкIуэлъэкIуагъыр щIаплъыкIащ хеящIэ гупым: Хьэбэз районым и егъэджэныгъэ къудамэм къыбгъэдэкIыу - методист ПIапIшу Мухьэдинрэ IэщIагъэрылажьэ Аслъэныкъуэ Светланэрэ, Хьэбэз къуажэм и Iэтащхьэм и пщэрылъхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Гъуэзджэш Татьянэ сымэ. Абыхэм къалэн гугъу къахукъуэкIащ – нэгъэсауэ зызыгъэхьэзыра сабий гупхэм я нэхъыфIыр къыхахыну. Дауэ мыхъуами, IэкIуэлъэкIуагъ ягъэлъэгъуар къыхалъытэкIэрэ, хеящIэхэм увыпIэхэр мыпхуэдэу ягуэшащ: япэ увыпIэр ялъэщащ Али-Бэрдыкъуэ къуажэм и 1-нэ еджапIэм, етIуанэр – Бэвыкъуэ еджапIэм, ещанэр – Беслъэней еджапIэм жэуэ. «ТекIуэныгъэм нэгъэсауэ зэрыхуэпабгъэм папщIэ» дипломхэр хуагъэфэщащ Къардэн Уэхьид и цIэр зезыхьэ ПсэукIэ-Дахэ еджапIэмрэ Арэшыкъуэ Рафаель и цIэр зезыхьэ Хьэбэз курыт еджапIэмрэ. ФIыщIэ тхылъкIэ къыхагъэщащ уэрэдыр нэхъыфIу жызыIа Куэш-Хьэблэ гимназием и гупыр, нэхъ зэдэхъуу къэзыкIухьа Жьакуэ курыт еджапIэр, речевкэр нэхъ екIуу жызыIа Али-Бэрдыкъуэ къуажэм и 2-нэ еджапIэр, фащэ нэхъ дахэ зыщыгъа Кызыл-Юрт еджапIэр, екIуу зэхьэзэхуэм хэтауэ Дер Станислав и цIэр зезыхьэ Инжыджышхуэ еджапIэр. Предыдущая новость 1738 просмотров Следующая новость Читайте также ЛIыхъужьхэм я цIэхэр IупщI ящIыжу 15.05.2015 436 Хэти тщыгъупщакъым, зыри тщыгъупщакъым 26.08.2019 552 Получайте свежие новости на электронную почту Подписаться Комментарии Написать
Комментарии