Актуально Глава КЧР Рашид Темрезов поздравил сборную республики с завоеванием золота на первенстве России по борьбе на поясах СКФО В Северной Осетии пройдет пасхальная ярмарка СКФО В КБР запустят проект "Точки роста" в сельских школах и небольших городах Актуально Первые участники проекта «Время героев» уже прошли тестирование СКФО В КБР пройдет чемпионат Абилимпикс для людей с ОВЗ

Югославием и ЛIыхъужь хахуэ Хьэжым Iэдэмей

17.06.2015 1395
Югославием и ЛIыхъужь хахуэ Хьэжым Iэдэмей
адамей хаджимов1941-1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэр зэриухрэ, ТекIуэныгъэ Иныр ди къэралым къызэрихьрэ илъэс 70 текIыжами, цIыхугум ихукъым совет цIыхубэм а зауэм гъащIэу, гуащIэу хилъхьар, хьэзаб мыухыжу зыхигъэтар, насыпыншагъэу, хэщIыныгъэу къыхуихьар… Шэчыншэу, ди къэралым щыпсэу зы унагъуи, къуажи, жыли, къали къэнакъым зауэм и хуэмэбжьымэр къызыщIимыхуа, ар къызылъэмыIэса. Апхуэдэщ ди республикэри. Ди хэгъуэгум щыпсэу адыгэхэр къапщтэмэ, Совет Союзым и ЛIыхъужьыцIэр къэзылъэща зауэлI щхьэмыгъазэхэр диIэщ. Ахэр Хэку зауэшхуэм лIыгъэ мыкIуэщI къэзыгъэлъэгъуа Къардэнхэ Муратрэ Уэхьидрэ, Хьэбэч Умар сымэщ. Пэжщ, апхуэдэ нагъыщэ лъагэ псоми къыхуамыгъэфэщами, дэтхэнэ совет зауэлI къызэрыкIуэми лIыгъэрэ хахуагърэ хэлъу Хэкур, къызыхэкIа лъэпкъым и напэр ихъумащ. Апхуэдэщ, Абазакт къуажэр, къуажэдэсхэр зэрыин, зэрыгушхуэ, я щхьэр лъагэу езыгъэт я зауэлI хахуэр, Югославие къэралым и ЛIыхъужь, партизан цIэрыIуэу щыта Хьэжым Iэдэмей Къэхъун и къуэр. Хэку зауэшхуэр къыщежьам Хьэжымым дзэм къулыкъу щищIэт Ленинград областым. 142-нэ Бэракъплъыжьзехьэ дивизием и 461-нэ фочауэ полкыу а зэманым Карело-Фин АССР-м и щIыналъэм итам хэту зауэм Iууващ. ЛIыгъэ, хахуагъэ къигъэлъагъуэу зэхэуэ хэлъэхэм хэтащ. Абыхэм папщIи тIэунейрэ нагъыщэ къызратынухэм хагъэхьат. Япэрей Вагъуэ Плъыжь орденыр къратыну къагъэлъэгъуащ финн тIасхъэщIэх гуп къызэриубыдам папщIэ. Орденыр кърамыт щIыкIэ Хьэжымыр хьэлъэу къауIэри, Ленинград яшэ… Бадзэуэгъуэ мазэу Хьэжымыр къулыкъу здищIэ етIуанэ батальоныр бийхэм къаухъуреихь. Абы къикIыжын папщIэ, бийм къаIэщIэхын хуейт Iэщэ-фащэ хъумапIэр. Ар тIэунейрэ къащемыхъулIэм, ещанэм Хьэжымыр ехым фIэфIу кIуащ батальоным и комсомол оргпнизацэм и секретару, взводым и командирым и дэIэпыкъуэгъуу зэрыщытым ахэр пщэрылъ къыхуащIым ещхьу, Адэмей япэ ис бий хъумакIуиблыр Iуихащ икIи ди зауэлIхэм лъэкIыныгъэ яритащ хъумапIэхэм бгъэдыхьэну. Финнхэм я къару нэхъыщхьэхэу ебгъэрыкIуэн щаублэм, бийхэм къатриха пулеметымкIэ зэтриукIащ ротэм нэблагъэ офицеррэ сэлэтрэ зэхэту. Мы жэщ дыдэм сыхьэтыр 23-м ебгъэрыкIуэу къэухъуреихьыныгъэр зэпритхъыну икIи сыхьэтищым батальоныр абы икIащ. Зы махуэ нэхъ темыкIыу къыдэкIащ «Боевая тревога» дивизие газетыр. Абы и зы напэкIуэцIыр теухуат ди хэкуэгъу зауэлI щхьэмыгъазэм зэрихьа лIыхъужьыгъэм. Уеблэмэ Хьэжымым зэрихьа лIыгъэм и щIыхькIэ батальонным и командир Шпакштейн и жэрдэмкIэ, тхылъхьэр ягъэхьэзырауэ щытащ Iэдэмей Совет Союзым и ЛIыхъужьыцIэм хуэфащэу къалъытэу… Зэхэуэхэм ящыщ зым Хьэжымыр хьэлъэу къауIэ, гъэр мэхъу. Абы тIэунейрэ къокIуэсыкIыжри, Югославием къыщохутэ, партизанхэм яхэтуи бийм йозауэ. Партизан къызэрыкIуэу щIедзэри, зауэр щиухам Iэдэмей Югославием и ЦIыхубэ-ЩхьэхуитщIыж Дзэм и батальонным и командирт. Партизан хахуэм къыхуагъэфэщащ Югославием и нагъыщэ нэхъыщхьэу щы —  «За храбрость» орденищрэ апхуэдэ фIэщыгъэцIэр зиIэ зы медалрэ. Загреб къалэм и зы уэрамым Хьэжым Iэдэей и цIэр зэрехьэ. АтIэ, зауэм хахуэу хэта, хамэ къэралым и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр къызыхуагъэфэща адыгэлIым хуэфащэ щIыхь щигъуэтыжауэ пIэрэ лъы зыщIита и Хэкум деж?.. Ипэ дищын жытIэнщи, гъэр зэрыхъуар и щхьэусыгъуэу, зауэ нэужьым Хьэжым Iэдэмей хьэпсэ ирахьащ. Зауэр зэриухрэ илъэс куэд текIыжа нэужьи ветеранхэм яIа хуэгъэкIуэтэныгъэхэм хуэдэ Iэдэмей куэдрэ иIакъым. Апхуэдэурэ, Iэдэмей ирагъэблэгъауэ щытащ къыдэзэуа партизанхэм я зы зэхуэсым. ИкIи, Югославием и къэрал радиом и редакторым зэпсэлъэныгъэ къыдригъэкIуэкIащ. Ар Союзпсо радиоми къитауэ щытащ. Хъунут лIыхъужьым апщыгъуэм жиIам фыщIэдэIумэ. — 1942 гъэм шыщхьэIум и 2-м мыжурэкIэ сауIэри, гъэр сащIащ. Хуабжьу лъы куэд сщIэкIащ. Гъэр сыздэхъуар Шахты къалэм и Iэгъуэблагъэращ. Мыбдежым цIыхур хуабжьу щыкуэдт. Гъэр ящIахэр здызэхагъэкIыр, адэкIэ здаIыгъынум здагъакIуэр мыбдежрат. Щэху хэлъкъым. Нэмыцэхэм ехъулIэныгъэ ин зыIэрагъэхьэт. Зауэм и пэщIэдзэ лъэхъэнэм жэрдэмри зэфIэкIри зи лъэныкъуэр ахэрат. Махуэ къэс къахут щIэуэ гъэр къащIа цIыхухэр, щыIэххэхэр нэгъуэщI щIыпIэ ягъакIуэт. Мыбдежым щыIэт гъэру къаубыда ди дохутырхэри. Абыхэм я лъэкI псори ящIащ ажалым сыкърагъэлын папщIэ. Абыхэм кърахьэлIэт ерыскъы икIи гъэру яIыгъ уIэгъэхэм иратт. Махуэ къэс ахэр нэмыцэхэм къуажэ цIыкIухэм ягъакIуэт уIэгъэхэр зэрапхэн бинт, хъыдан кIапэ къызэхуахьэсын папщIэ. ЦIыхухэми абыхэм къуагъкIэ ерыскъы къыIэщIалъхьэти, арат дызэраIыгъыр. Си щхьэкIэ сэ аращ ажалым, гъаблэм сыкъезыгъэлар. Армырамэ, нэмыцэдзэм къыдату щыта прунж стэчанымкIэ упсэуфынутэкъым. МащIэу зыкъыщыдужьыжым, Донецк дашащ. Абы сыкъикIуэсыкIри, махуэ тIощIрэ зырэкIэ гъуэгу сытетауэ, сыкъыздалъхуа лъахэм къынэсхусыжащ. АрщхьэкIэ нэмыцэр абы къэсагъэххэт. Бийм яIэщIэхьат къулыкъу здэсщIа полкым къикIыу комсомолым и райкомым си цIэкIэ къатха щытхъу тхыгъэр. Гестапом сраджащ, къыспкърыупщIыхьащ. Зэрыхъуар сымыщIэу, дэIэпыкъуэгъу къысхуэхъуащ адыгэ эмигрантитI. Абыхэм къызжаIащ нэмыцэхэм псэхупIэ къызэрызамытынур, игъащIэкIи ахэр мыбдежым зэрыщымыIэнур, икIи пропуск къызатри, сыкъаутIыпщыжащ. ЦIыху гуп къэзугъуейуэ щIэздзати, абыхэм сащIыгъуу си хэкур сбгынэн къысхудэхуащ. Сыхуэзащ Польшэм, иужькIэ дагъэкIуащ Югославием. Гъэр сымыхъу щIыкIэ зэхэсхауэ щытащ Ворошилов и къэпсэлъэныгъэм деж Югославием и партизанхэм къазэрыщытхъуар, щапхъэу къызэригъэлъэгъуар, икIи сыхуейт хьэкъыпIэкIэ абыхэм щапхъэ ятесхыну. Югославием щыщыIэу, си хэкуэгъу партизанхэм сахэту, къытпэтIыса бийм дапэщIэхуэри дызэхакъутауэ щытащ. АрщхьэкIэ мыбдежми партизанхэм запысщIэн схузэфIэкIащ. ГъэрыпIэми сыкъикIын слъэкIащ. ЖыпIэнурамэ, къыздэIэпыкъуащ ди цIыхухэр. Псом хуэмыдэу къысщхьэпащ Урысейм икIа зы унагъуэм я къуэр. И анэ-адэр апхуэдэу къысхущыттэкъым, ягу ирихьтэкъым ди Хэкур фIыуэ зэрытлъагъур. АрщхьэкIэ, я къуэр хуейт аждалым, гъэрыпIэм дыкъришыну. ЛэжьапIэ дыщахукIэ абы къытхуихьт ерыскъы, тутын, нэгъуэщI дызыхуэныкъуэ гуэрхэр. ИужькIэ щыгъын хьэлэмэтхэр къысхуихьащ. Бийм сакъыIэщIэкIащ, арщхьэкIэ партизанхэр здэщыIэр сцIыхукъым, дэфтэр сIыгъкъым, уазэрыпэщIэхуэу уаубыдынущ. Лагерым сыкызэрикIуэсыкIар къацIыхумэ, хьэлэбэлыкъ къаIэтынут, къыслъыхъуэу щIадзэнути, сыкъагъуэтмэ, сыпалъэнут. НэгъуэщI хэкIыпIэ щыIэтэкъым. Савэ псым сыхуокIуэ. АрщхьэкIэ лъэмыжым и кIапитIми нэмыцэ хъумакIуэхэр тетщ, тхылъ емыплъу ублагъэкIынукъым. Сэри лъэмыжым симыкI хъунукъым. СщIэныр сымыцIыху пэтми, лъэмыжым сыхуокIуэ. СыкъэзэплъэкIамэ, югослав бзылъхугъэ гуп къокIуэ, матэшхуэхэр яIыгъыу… Гупсысэ куэдым сызэриуха нэужь, бзылъхугъэхэм сабгъэдохьэри, сызыхуэдэр къагурызогъаIуэ. СакъыгуроIуэ. Зы бзылъхугъэм къызжеIэ и ужьым сиувэу сыкIуэну. Къутырым сешэ. ПщIантIэм нэмыцэ машинэ дэтщ. Ар зэригъэзэхуэжт нэмыцэ шоферым. Ари ядрей нэмыцэхэми ауи драIуэхуакъым. СыщIишащ унэм. Бзылъхугъэм ерыскъы къытригъэуващ, арщхьэкIэ сышхэну сыхуейтэкъым. СэркIэ нэхъыщхьэр псынщIэу партизанхэр къэзгъуэтынрат. КъызжиIащ сымыгузэвэну.  Пщыхьэщхьэм нэмыцэхэр пщIантIэм дэкIыжащ. Куэд темыкIыу унэм  къыщIыхьащ лIышхуитI, икIи занщIэу къажьэдэкIащ: «Ажалыр нэмыцэхэм!» ИужькIэщ сэ къыщысцIыхуар партизанхэр щызэхуэзэкIэ апхуэдэу сэлам зэрызэрахыр. ПсынщIэу зызагъэужьри, партизанхэм я деж дыкIуэну дежьащ. Тыншу псым дызэпрыкIащ. АрщхьэкIэ адрыщIым, гъущIгъуэгу зэблэкIыпIэм деж, дыщымыгугъагъэххэу дапэщIэхуащ къытпэтIыса бийхэм. Пулеметыр ажалкIэ къэпсэлъащ, дэри лъэныкъуэ зырызкIэ дызэбгырыжри, дызэфIэкIуэдащ. Сэ мурад сщIащ гъущI гъуэгум сызэпрыкIыну. Ари къыздэхъуакъым. Къутырхэм къапэскIухьурэ, хьэ банэ макъ къыздэIухэм защыздзейуэрэ, мэзым сыщIэкIащ, бгым сыхуэкIуэт. Нэху щыгъуэм партизанитI къыспэщIэхуащ. А тIур Iэрубыд сщIащ. Ауэ дыщызэгурыIуэм я Iэщэхэр ястыжри, абыхэм сащIыгъуу отрядым сыкIуащ. Сыгъуэлъыжа нэужь, зыщIыпIэ къикIыжри къэк1уэжащ партизанхэм я командир цIэрыIуэ Чокар. Сыкъагъэтэджри, нэIуасэ дызэхуэхъуащ икIи псалъэ зэIитхащ дызэхуэпэжу дыщытыну. Лазаретым сыщIэлъу, урыс батальоным къикIри Чокар къыхуэкIуащ Лоскутоврэ Кудиноврэ. Абыхэм къызжаIащ а батальоныр зэрыщыIэр. ИкIи сызыхэхуа отрядым и командирым гурызгъэIуащ урысхэм я деж сыкIуэмэ нэхъ зэрысфIэфIыр. Ар гуаэ щымыхъуами, сыкъиутIыпщащ. Урыс батальоным зы жэщ нэхъ сыщымыIауэ, бийм дыкъиухъуреихьащ. Ди хъуреягъыр нэмыцэхэм ядэзыщтэ къэзакъ шуудзэщ. ХэкIыпIэр сыт? ЗыпIэжьэ хъунукъым. ЩытыкIэр хьэлъэ щыхъум, ди командирхэу Фирсоврэ Аксюкрэ яжесIащ гуп цIыкIу-цIыкIуурэ ды1эпхъуэмэ дазэрыIэщIэкIыфынур икIи апхуэдэу тщIащ. Хорват Мракович чэнджэщэгъу къызэрысхуэхъуам тету, сэ зыщыстIэгъат нэмы­цэ обер-лейтенантым и фащэ икIи апхуэдэу зэрысщIар къысщхьэпэжащ. Хуей гуэрым дыкъэсауэ, гу лъыттащ ди пащхьэм къэ­закъ шуудзэ зэритым. Абы хэм гъунэгъу захуэпщIыну Iэмал иIэтэкъым. Ахэр къыщыслъагъум, унафэ сщIащ партизанхэм тIысу загъэпсэхуну. Сэ къэзакъхэм я деж сыкъежьащ. Сэлам ясхри, сахыхьащ икIи сайупщIащ къэ­закъ полкыр здэщыIэмкIэ. Картэм бгъэдэт нэмыцэ офицерым сигъэлъэгъуащ ар къыздэдгъуэтынур икIи сы- къежьэжащ. Ауэ офицерым сигъэгъэзэжри, полкым сыщIыщIэупщIам и щхьэусыгъуэмкIэ къызэупщIащ. Дэри абыхэ дащыщу, далъэщIыхьэжын хуейуэ щыжысIэм, къызэхъуэхъури сыкъиутIыпщыжауэ щытащ. Мис апхуэдэу гупыр бийм къахэсшащ. Мэзым дыздыхэкIым, къутырым кIуэ гъуэгу дыхуэзащ. Абдежым щIыпIэри нэхъ лъагэт, укъамылъагъуу апхуэдиз цIыху гъуэгум узэпрыкIыфынутэкъым. Мэзым сыкъыхэкIамэ, усташитI (арат хорватхэр я лъэпкъэгъуу нэмыцэхэм яхуэлажьэхэм зэреджэр) гъуэгум тетт, ар яхъумэу. Гъуэгукум сиувэри, тутын зэхэзгъэнащ икIи Iэ яхуэсщIри зыбгъэдэсшащ. Си офицер фащэр щалъагъум, задэу уващ. ПсынщIэу ахэр Iэрубыд тщIыщ, къутырым бий зэрыдэтыр, ахэр зыхуэдизыр зэдгъащIэри, ди гъуэгу дытехьэжащ...  Загреб югослав къалэм пэмыжыжьэу щыIэ заводыр, щIыдагъэм елэжьыр зэхэкъутэн хуейт. Югославием и завод нэхъ ин дыдэхэм ящыщ зыуэ зэрыщытым къыхэкIыу, ар хуабжьу яхъумэт икIи зыми и щхьэ къихьэтэкъым партизанхэр абы нэсыну. Арами парти­занхэм я унафэщIхэм батальоным къалэн къыхуагъэуващ заводыр къагъэуэну, заводымрэ бензин литрэ мелуан бжыгъэ зэрыт хъумапIэмрэ нэмыцэхэм ирамышын папщIэ. Батальоныр ежьащ я къалэныр ягъэзэщIэну. Хуабжьу гугъут заводым убгъэдыхьэныр: лъэныкъуэ псомкIи къыщыкъуэхут усташхэр, заводым пэмыжыжьэу щытт аэродром, ари хуабжьу яхъумэт. Къэдгъэуэнум убгъэды- хьэн панщIэ бийхэм яIыгъ щIыналъэм уиту кнлометрищ хуэдизкIэ укIуэн хуейт. Арат нэхъ хьэлъэ дыдэу Iуэхум хэлъыр. Нэмыцэхэм хьэрэкIытIэр драдзейти, махуэм хуэдэу нэхут. Гуп-гупу зыдгуэшри, заводым декIуэлIащ. Ар зыхъумэр усташхэрат. Дызэтеплъэ хъутэжъым абыхэмрэ дэрэ. Гъэру даубыдтэкъым, атIэ дыдей зэрапэщIэхуэу яукIт. Дэри арат тщIэр. Иджыпсту хуэдэу си нэгу щIэтщ а зэхэуэр. Усташхэр хуабжьу IэщэкIэ зэщ1эузэдат, арщхьэкIэ ягу къэкIтэкъым партизанхэр ятеуэну. ХъумакIуэхэм ящыщ зым дыкъилъагъури, къэгуоууэ щIидзащ, дыкъэувыIэну уна­фэ ищIу, арщхьэкIэ дэ ипэкIэ дожэ. Къытхэуэу хуежьащ, ауэ къыкIэрыхуащ хъумакIуэхэр. НапIэдэхьеигъуэм зэхэуэр зэхэдублащ. ДыхуэкIуащ Iэпщэрыбанэм. ХьэрэкIытIэхэм псори къагъэунэху. Абы хэту, бензин зэ­рыт цистернэ абрагъуэхэм къауэу щIадзащ. Абы игъэщтауэ хъумакIуэхэм зэбгрыжыжу яублащ. ШхапIэм зы усташ къыщыдубыдащ шыуаным зригъэпщкIуауэ. «ДызэрымыхьэкIэкхъуэкIэр ирацIыху» жысIэри, пщафIэр сутIыпщыжащ. Шэч хэлъкъым, хэщIыныгъэ ди1ащ. АрщхьэкIэ зэхэуэщIэ къытпэплъэт. Си унафэм тету бийр гъу­нэгъу дыдэу зыбгъэдэдгъыхьэри, гужьеигъуэ идгъахуэу дахэуащ, уеблэмэ, контребгъэрыкIуэныгъэ дыкIуащ. Aпхуэдэу дгъэзэщIащ къытхуагъэувауэ щыта къэлэныр, — жиIащ Хьэжым Iэдэмей. Хьэжымым хьэлэлу зэуащ, уIэгъэ хьэлъи телъащ, гъэри хъуащ. Илъэс куэдкIи ветераным хуэфащэ пщIэ, щIыхь ирамыгъэгъуэтыжу псэуащ… Ауэ къуаншагъэ зыбгъэдэмылъ лIы хахуэр увыIакъым и лIыхъужьыцIэр къитIэщIыжынымкIэ. Абы Югославием и Посольствэм захуигъазэри, адыгэлIым и зауэ гъуэгуанэр абдеж наIуэ щыхъуащ. Мыпхуэдэ тхыгъи Iэдэмей къыхуагъэкIуауэ щытащ: ЩIыхь зыхуэтщI Iэдэмей Къэхъун и къуэ! СФРЮ-м и Посольствэу СССР-м щыIэм къикIыу къытIэрыхьа хъыбарым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, военнэ-тхыдэ ин­ституту Белград дэтым щIегъэбыдэр етIуанэ Дунейпсо зауэм и илъэсхэм екIуэкIа лIыхъужыгъэ Iуэхухэм Юго­славнем и ЦIыхубэ-ЩхьэхуитщIыж Дзэм и сатырхэм уахэту узэрыхэлIыфIыхьар, апхуэдэ къабзэу уэ «За храбрость» югослав орденитI къызэрыпхуагъэфэщар. Ахэр, югослав ныбжьэгъухэм я лъэIукIэ, ныпхудогъэхьыж.
1395 просмотров


Комментарии

Написать
Комментарии >



Подписывайтесь на RIAKCHR в Одноклассниках Получайте свежие статьи и новые публикации на свой мобильный
Вступайте в сообщество RIAKCHR в “ВКонтакте” Получайте свежие статьи и новые публикации на свой мобильный
Вступайте в сообщество RIAKCHR в “Telegram” Получайте свежие статьи и новые публикации на свой мобильный