Ставрополь крайм щызэхэт «Адыгэхэр» щэнхабзэ купсэм адыгэбзэр щрагъэдж дерсхэр къызэригъэпэщащ. Япэ дерс зэIухар гъатхэпэм (мартым) и 14-м щекIуэкIащ къалэм дэт зэныбжьэгъугъэм и Унэм.
Абы зэрыщрагъэджэну программэм къызэщIеубыдэ адыгэбзэ зымыщIэ балигъхэмрэ илъэсипщIым щIигъуа ныбжьыщIэхэмрэ.
Дерсхэм щIэсынухэм зэрырагъаджэ тхылъхэр хуагуэшынущ, абыхэм ядэлэжьэнущ илъэс 25-кIэ егъэджакIуэ IэнатIэм пэрыта Хьэткъуэ Марие.
- Ди лъэпкъымрэ абы бгъэдэлъ хъугъуэфIыгъуэхэмрэ тхъумэным и зы Iэмалщ нобэ къызэдгъэпэща дерсхэр. Псоми ящIэ хамэщI щыпсэухэмрэ я анэдэлъхубзэ иримыпсалъэу нэгъуэщI хэгъуэгухэм исхэмрэ адыгэбзэр зэраIэщIэхур, нэхъ шынагъуэжращи, зи хэку имысыжхэм къащIэхъуэ щIэблэм зэраIурымылъыххэр. Апхуэдэ гупсысэхэм къыхэкIыу, ди купсэм дерсхэр къызэригъэпэщащ икIи адыгэ тхыбзэм и Махуэм ирихьэлIэу япэ гупыр зэхуэтшэсащ. ФIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейщ ди гукъэкIыр къыддэзыIыгъа, Iуэхур едгъэжьэнымкIэ сэбэп къытхуэхъуа, Ставрополь къалэм и администрацэмрэ абы и унафэщI Джадтоев Андрейрэ.
ЗэрыжаIэщи, бзэр щымыIэмэ, лъэпкъри щыIэнукъым. Ди купсэм и къалэн нэхъыщхьэр адыгэ лъэпкъым къыхэкIауэ Ставропольем исхэм я анэдэлъхубзэр яIэщIэмыгъэхунращ», — жиIащ «Адыгэхэр» щэнхабзэ купсэм и унафэщI Шыбзыхъуэ Юрэ.
Юрэ къыхигъэщащ адыгэбзэ дерсхэм ставрополдэсхэм я деж щIэупщIэшхуэ зэрыщиIэр, иджыри къакIуэурэ куэдым зэрызрагъэтхыр.
Комментарии