2002-2003 гъэхэм къалъхуа пщащэ футболист ныбжьыщIэхэр зыхэта «Фэ топ» Урысейпсо финал зэхьэзэхуэхэр махуипщIым къриубыдэу Краснодар крайм хыхьэ Ейск къалэм щекIуэкIащ. ДызэрыщыгуфIыкIыну, ещанэ увыпIэкIэ мы спорт зэпеуэм къыхэжаныкIащ Адыгэ-Хьэблэ районым щыщ «Адыгэ-АРР» пщащэ футбол командэр. Пэжщ, дэ дызэрыгугъар дыщэ медалкIэт. АтIэ, сыт щыгъуи япэ увыпIэкIэ дызыгъэгуфIэ пщащэхэм арат дазэрыщыгугъыр. Ауэ, псори узэрыхуейуэ хъукъым. Зэи утекIуэнщ, зэи къыптекIуэнщ. Гуапэщ япэ увыпIищым яз зэрызыIэщагъэхьар… КъинэмыщIауэ, ди хэгъуэгум щыщ командэм хэта футболист ныбжьыщIэхэм къалъэщащ фIэщыгъэцIэ лъагэхэр. Апхуэдэу, «Зэхьэзэхуэм щыджэгуа футболист нэхъыфI» фIэщыгъэцIэмкIэ къыхагъэщащ Шыбзыхъуэ Амалие. «ЕбгъэрыкIуэ нэхъыфI» хъуар КIыщмахуэ Даянэщ. ТекIуэныгъэр къэзыхьахэми, призер хъуахэми, фIэщыгъэцIэ зэхуэмыдэхэмкIэ къыхагъэщахэми кубокхэр, медалхэр, фэеплъ тыгъэ лъапIэхэр къыхуагъэфэщащ. Источник: riakchr.ru Предыдущая новость 1066 просмотров Следующая новость Читайте также ГУФIЭГЪУЭ IУЭХУГЪУИТI – ЗЫ МАХУЭМ 28.11.2018 411 ТекIуэныгъэм и илъэс 70-м Уи лIыгъэр—игъащIэкIи щIылъэм тетынущ 20.11.2015 430 Получайте свежие новости на электронную почту Подписаться Комментарии Написать
Комментарии