«Вечный танец» тхылъым деж Дэрбэ Тимур и философ гупсысэхэр, и гурылъ-гурыщIэхэр зыхащIэнущ щIэджыкIакIуэхэми, профессионалхэми. Поэтическэ сборникыщIэр зи IэдакъэщIэкIщ АР-м и журналистхэм я Союзым и тхьэмадэ, Урысейм и тхакIуэхэм я Союзым хэт, «Адыгэ макъ» республикэ газетым и редактор нэхъыщхьэ Дэрбэ Тимур. Мыбы ихуащ «Отмель океана» поэмэр, зи бжыгъэр щэм щIигъу усэхэр. Адыгэ Республикэм и Лъэпкъ библиотекэм и жэрдэмкIэ, Дэрбэ Тимур и поэтическэ сборникыр къагъэлъэгъуащ 2015 гъэм Адыгэ Республикэм литературэмкIэ и Къэрал тыгъэм хуэфащэу. «Вечный танец» тхылъыр илъэс блэкIам АР-м и тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ. Тхылъыр дунейм къытехьащ и бжыгъэр 300 хъууэ. Сборникыр цIыхухэм яфIэгъэщIэгъуэн хъуащ. Гъатхэпэм (мартым) и 26-м екIуэкIа презентацэм деж тхылъым и купщIэм и гугъу ящIащ АР-м и тхакIуэхэм я Союзым и хэтхэм, щIэныгъэлIхэм, литераторхэм, щIэджыкIакIуэхэм, АР-м и Лъэпкъ театрым и артистхэм. Иужьрейхэр Дэрбэм и тхылъым хыхьа усэ пычыгъуэхэми къеджащ. Къэпсэлъахэм къызэрыхагъэщамкIэ, сборникыр дунейм къызэрытехьар Адыгэ Республикэм и литературэ гъащIэм иужьрей зэманым къыщыхъуа ехъулIэныгъэ нэхъ инхэм ящыщщ. ЗэIущIэм хэтахэращ зи гукъэкIыр «Вечный танец» тхылъым АР-м и къэрал тыгъэр хуэгъэфэщэнымкIэ къэгъэлъэгъуэныр. Къэрал тыгъэм теухуа гупсысэр наIуэ ящIащ АР-м щэнхабзэмкIэ министрым и къуэдзэ Сообцокъуэ А., филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КIэрашэ Т. и цIэр зезыхьэ АРИГИ-м и унафэщI Бырсыр Б., АР-м и тхылъ тедзапIэм и унафэщI Куев Ш., АР-м и лъэпкъ тхакIуэ Цуякъуэ И., филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Шаззо Ш., АР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, тхакIуэ Мэхъуэш Р., АР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ лэжьакIуэ Iэбыдэ Г., усакIуэ, драматург, сценарист Хъунэгу С. сымэ. Къыхэгъэщыпхъэщи, тхылъым и презентацэм хэтахэм къыхагъэщащ цIэрыIуэ хъуа тхакIуэ, усакIуэхэм къинэмыщIауэ, тхэн щIэзыдзэ къудейхэми дэIэпыкъун зэрыхуейр, абы мыхьэнэ ин зэрыхэлъыр. Тхылъ тедзапIэм и унафэщI Куевым къызэрилъытэмкIэ, Дэрбэ Тимур и тхылъыщIэр щIэджыкIакIуэхэмкIэ гъэщIэгъуэн хъунущ. Тхылъым ихуащ Тимур и тхыгъэ нэхъ гъэщIэгъуэнхэр. Усыхэр теухуащ гъащIэм, фIылъагъуныгъэм, гъащIэм дызыIущIэ лъэпощхьэпохэм. — НэгъуэщI тхылъхэм къащхьэщыкIыу мыр куэдкIэ нэхъ гупсэхуу тхащ, тхакIуэм гъащIэм щиIэ зэхэщIыкIыр хыболъагъуэ, авторым и тхэкIэ хэхар щынэрылъагъущ. Нобэ Дэрбэм и творчествэр нэхъ балигъ хъуащ, мыр и тхыгъэ пасэхэм къащхьэщокI, — къыхигъэщащ Куевым. Езы авторми и тхыгъэр япэрейхэм къыщхьэщыкIыу къелъытэ. ЖыIэпхъэщи абы и тхылъым ихуа усыгъэхэм тхакIуэр илъэс зыбжанэкIэ елэжьащ. Тхылъымрэ ар зи IэдакъэщIэкI хъуа авторымрэ я гугъу щещI тхыгъэм и пэщIэдзэм деж профессор Шаззо Казбек. Абы къызэрыхигъэщымкIэ, тхылъыр авторым и творческэ гъуэгуанэм и Iыхьэ дахэщ. ИкIи критикым къызэрилъытэмкIэ, авторым и тхыгъэхэр кIуэ пэтми нэхъ гъэщIэгъуэн мэхъу, Тимур гъащIэм мыгузавэу зэрыкIэлъыплъыр къагъэлъагъуэ. Республикэм и литературэдж куэдым Дэрбэм и тхылъыщIэр къалъытащ лъэпкъ литературэм и Iыхьэ лъапIэу. Сыту жыпIэмэ, авторым и художественнэ образхэр адыгэбзэщ къызэригъэщыр. Тхыгъэ куэдым деж хыболъгъуэ авторыр и Хэкум, и щэнхабзэм, и бзэм, и хабзэхэм зэрырипагэр. Ауэ зыхыумыщIэу къанэкъым адэжьхэм къытхуагъэна щIэиныр зыIэщIэдгъэкI зэрымыхъуным зэригузавэр. «Вечный танец» тхылъ фIэщыгъэцIэри арагъэнщ зытриухуэр. Тхылъым къыщыIэта гупсысэхэр — лъэпкъ тхыдэр, щэнхабзэр хъумэныр — зэманым зэрыпэджэжыр наIуэу къелъытэ АР-м и Лъэпкъ библиотекэм и унафэщI КIыкI Белэ. — Теорие, практикэ и лъэныкъуэкIэ мы тхылъым мыхьэнэ ин иIэщ. Ар теухуащ лъэпкъ гупщысэкIэр, адыгэм и дуней еплъыкIэр хъумэным, къызэтегъэнэным, — жеIэ КIыкIым. «Вечный танец» тхылъым и гупсысэ нэхъыщхьэр нэгъэсауэ къиIуэтащ филологие щIэныгъэхэм я кандидат, АРИГИ-м литературэмкIэ и къудамэм и щIэныгъэрылажьэ Щхьэлахъуэ Д. Абы зэрыжиIэмкIэ, Дэрбэ Тимур хьэл-щэн дахэ зыхэлъу къилъытэр зи гупсысэм, зи IуэхущIэкIэм жэуаплыгъэ иIэу бгъэдыхьэращ, фIым, дахагъэм хущIэкъуращ. — УсакIуэм и лирическэ лIыхъужьым хэлъщ лъэпкъ гупсысэр, и лъэпкъ тхыдэр ещIэж, абы жеIэ: «перешагивая порог, остаюсь на цепи столетий» жэуэ… Абы елъагъу блэкIам нобэр зэригъэпсыр, нобэм къэкIуэнур зэрипсыхьыр. ПIалъэ зэхуэмыдэхэм я зэпыщIэныгъэр къыхощ «Последний вздох», «Гостями мы побывали в Турции», «Тугузуко Кизбеч», «Мачеха подобна снегу» усэхэм деж. Дэрбэм и усыгъэхэм къыхощ, абы игъэпс лирическэ сюжетхэм деж упщIэ куэд къызэрыувыр, — къыхегъэщ Щхьэлахъуэм. Сыт иджырей щIалэгъуалэр зэгупсысыр? Сыт абыхэм я дежкIэ нобэ нэхъыщхьэр? Нэхъыжьхэмрэ щIалэгъуалэмрэ сыт зэрызэщхьэщыкIыр, дэнэ деж щызэпэщIэувэрэ? Лъэпкъым и гупсысэкIэр, и хабзэхэр къызэтенэн папщIэ сыт хуэдэ Iэмалхэр щыIэ? Мы упщIэхэм, нэгъуэщIхэми я жэуап щIэджыкIакIуэм къигъуэтынущ Дэрбэ Тимур и тхылъым уеджа нэужь. Дэрбэ Тимур нэгъуэщI тхыгъэхэри иIэщ, ауэ мыпхуэдэ зэхьэзэхуэ иным япэу авторыр хэхуащ. — СэркIэ мы Iуэхугъуэр хуабжьу гуапэщ, си творческэ гъуэгуанэм и зы Iыхьэм и къэпщытэжыныгъэу къызолъытэ. Нэхъри гуапэр зэхьэзэхуэр литературэм и Илъэсым зэрекIуэкIращ. Ауэ си творчествэм и къалэн нэхъыщхьэр гупсысэ зыбгъэдэлъ щIэджыкIакIуэм епсэлъэнращ, апхуэдэхэм я еплъыкIэращ нэхъыщхьэ дыдэр. Зэхьэзэхуэм и къэпщытэжыныгъэм сыт къимыгъэлъагъуэми, си гуапэщ лъэпкъ литературэм хэлъхьэныгъэ гуэр зэрыхуэсщIыфар, — къыхигъэщащ Дэрбэ Тимур. Источник: riakchr.ru Предыдущая новость 1331 просмотров Следующая новость Читайте также ГУФIЭГЪУЭ IУЭХУГЪУИТI – ЗЫ МАХУЭМ 28.11.2018 474 Ухуэныгъэ 04.07.2018 527 Получайте свежие новости на электронную почту Подписаться Комментарии Написать
Комментарии