СКФО По нацпроекту начали обновлять 16 участков дорог Ставрополья   СКФО В песчаном бархане в Дагестане нашли останки разбившегося самолета времен ВОВ Актуально Глава КЧР Рашид Темрезов поздравил жителей региона с Днем реабилитации казачества Актуально В КЧР пройдет бесплатная экскурсия по экотропе «Аланский путь» Актуально Глава КЧР Рашид Темрезов обратился к жителям региона в Международный день памяти жертв радиационных аварий и катастроф

Лъэмыжыр къызэIуахыж

23.07.2014 1114
Лъэмыжыр къызэIуахыж
Мост Лъэмыжыр Iэмал имыIэу зэгъэзэхуэжыпхъэу жэрдэмыр къызыбгъэдэкIар Къэрэшей-Черкес Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рэшидщ. Iуэхугъуэр махуэщIым  ипкъ иту къыщызэрагъэпэща махуэм, абы къеблэгъащ республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид, КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и тхьэмадэ Иванов Александр, Карачаевск къалэм и мэр Текеев Руслан, Хьэбэз муниципальнэ район администрацэм и Iэтащхьэ къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Арэшыкъуэ РэIуф, Федеральнэ автомобиль гъуэгухэмкIэ КъЧР-м щыIэ Управленэм и унафэщI IэнатIэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Жумай Хьэмзэт, Карачаевск къалэм дэсхэр. Черкесск-Домбай федеральнэ гъуэгур зыпхыкI лъэмыжыр зэгъэзэхуэжыныр мы гъэм щIышылэ (январь) мазэм и 20-м щIадзэри, пIалъэ кIэщIкIэ яухащ. АпщIондэхукIи, Къэрэшей- Черкесым щыпсэухэр, хьэщIэу къеблагъэхэр Карачаевск къалэм, зыгъэпсэхупIэхэу Тебэрды, Домбай кIуэн папщIэ, гъуэгу кIыхь ихъуреягъкIэ къащIын хуей хъут. Апхуэдэу Iуэхур гугъумыгъуу зэрыщытам махуэщIым къеблэгъахэр щыгъуазэ хуищIащ Федераль-нэ автомобиль гъуэгухэмкIэ КъЧР-м щыIэ Управленэм и унафэщIым и къуэдзэ Уэз Анатолэ. Зэрагъэзэхуэжа лъэмыжыщIэр фIагъ лъагэ зиIэ ухуэныгъэщ. Абы и кIыхьагъыр метр 53,4-рэ мэхъу (метр 43-уэ щытащ), машинэ здызекIуэ гъуэгум и бгъуагъым хуэдитIкIэ хэхъуащ. Республикэм и Iэтащхьэр яхъуэхъуащ Карачаевск къалэм щыпсэухэм, лъэмыжым и зэгъэзэхуэжыныгъэ – ухуэныгъэ лэжьыгъэхэм хэлэжьыхьахэм. Нобэ дэ дыхэтщ «Брацигово» лъэмыжкIэ зэджэ, зэгъэзэхуэжыныгъэшхуэхэр зращIылIа ухуэныгъэр къыщызэIуахыжым хуэунэтIа махуэщIым. ЖыпIэнурамэ, лъэмыжыщIэ ящIауэ плъытэ хъунущ, лэжьыгъэу абы иращIылIар къыхэплъытэмэ. Лъэмыжыр иджырей щытыкIэхэм тегъэпсыхьащ. Мыухуэныгъэм лэжьыгъэ купщIафIэ иращIылIамкIэ фIыщIэр зыхуэфащэр Федеральнэ гъуэгу агентствэм, абы и Управленэу КъЧР-м щыIэм и унафэщIхэу Арэшыкъуэ РэIуф, Уэз Анатолэ, проектподряд организацэхэм я пашэу щыта, «Фотон» ЗАО-м и генеральнэ унафэщI Дотдаев Альберт сымэщ. Псалъэ къудейкIэ мыхъуу, фIыуэ сыщыгъуазэщ мы лъэмыжыр и чэзум хьэзыр хъуным, яубзыхуа пIалъэм и пэ мазитIкIэ иту гъэхьэзырыным къарууэ ухуакIуэхэм ирахьэлIам.Гъуэгухэм епха сыт хуэдэ ухуэныгъэри ди хэгъуэ гум и социально-экономикэ щытыкIэм къыгуэпх мыхъуну епхащ. Къапщтэмэ, дэ нобэ гулъытэшхуэ худощI турист отраслым зегъэужьыным. ИкIи, мы лъэныкъуэмкIэ щыпсэу, щызекIуэ зыплъыхьакIуэхэр мы мазихым гугъусыгъу зэрыхэтар, дауи, игъэщыпкъэжауэ солъытэ нобэ ди нэгукъыщIэува лъэмыж дахащэм.  ФIыщIэ ин яхузощI Карачаевск къалэм щыпсэухэм, шыIэныгъэ яхэлъу лъэмыжыр хьэзыр хъуным пэплъахэм.  Фи фIэщ фщIы, нобэ дэ гъуэгу-транспорт инфраструктурэ закъуэ мыхъуу, республикэм и социально-экономикэ лъэныкъуэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэхэр зэрыхуэтщIыр, — жиIащ Темрезов Рэшид. Республикэм и Iэтащхьэр къытепсэлъыхьащ хэгъуэгу  унафэщIхэм Карачаевск къалэр егъэфIэкIуэным хуэгъэзауэ Iуэху куэд зэраубзыхуам. Апхуэдэ Iуэхухэм ящыщу Темрезов Рэшид къытеувыIащ жыджэру яухуэ сабий IыгъыпIэхэм, курыт еджапIэхэм, социальнэ, спорт ухуэныгъэхэм. Iэгуауэ инкIэ яIэтащ икIи  махуэщIым хэтахэм гуапэ ящыхъуащ Дотдаев Альберт Темрезов Рэшид и унафэкIэ «КъЧР щIыхь зиIэ и ухуакIуэ» цIэ лъапIэр зэрыхуагъэфэщар. МахуэщIым деж фIыщIэ псалъэхэр къыбгъэдэкIыу  къэпсэлъащ Карачаевск къалэм и мэрыр. — Ди республикэм и Iэтащхьэм мы лъэмыжым хуэгъэзауэ къихьа унафэр пIалъэ кIэщI дыдэкIэ гъэзэщIа хъуащ. ЛъэмыжыщIэм уасэ хуащIынущ районым щыпсэухэм къыщымынэу, ди республикэм къеблагъэ хьэщIэхэми. Тхьэм фигъэпсэу мыпхуэдэ ухуэныгъэ телъыджэр зи IэрыкIхэр, — жиIащ Текеев Руслан. Ди корр
1114 просмотров


Комментарии

Написать
Комментарии >



Подписывайтесь на RIAKCHR в Одноклассниках Получайте свежие статьи и новые публикации на свой мобильный
Вступайте в сообщество RIAKCHR в “ВКонтакте” Получайте свежие статьи и новые публикации на свой мобильный
Вступайте в сообщество RIAKCHR в “Telegram” Получайте свежие статьи и новые публикации на свой мобильный