Актуально КЧР с рабочим визитом посетил руководитель Росреестра Олег Скуфинский СКФО На Ставрополье планируют закупить 45 новых троллейбусов СКФО Более 12 тысяч учеников сдадут ЕГЭ в Дагестане в 2024 году СКФО Детский тотальный диктант прошел в одном из городов Северной Осетии СКФО Активисты из клуба "Альтаир" В КБР успешно поднялись на гору Нартия

ЗэпыщIэныгъэ гъуэгу

25.09.2015 1606
ЗэпыщIэныгъэ гъуэгу
расьятМы гъэм  шыщхьэIу мазэр Хьэбэз къуажэм дэт зи №1 курыт еджапIэм и еджакIуэ цIыкIухэмкIэ къызэрымыкIуэу гъэщIэгъуэныщэрэ гукъинэжу щытащ. Е, нэхъ тегъэчынауэ жыпIэмэ, мазэм и зы тхьэмахуэ, шыщхьэIум и 2-10 махуэхэр. Абы и кIуэцIкIэ екIуэкIа Iуэхугъуэхэм захуэбгъазэмэ, ахэр гъэнщIащ лъэпкъ фIылъагъуныгъэкIэ, ирашэжьа лъагъуэ цIыкIум зэпыщIэныгъэ, зэныбжьэгъугъэ гъуэгушхуэу зиубгъунымкIэ гугъапIэхэмкIэ.    Иджыблагъэ зыIудгъэщIащ жыхуэтIэ еджакIуэ гупым щIыгъуу Тыркум щыIа, абдеж къыщызэрагъэпэща Дунейпсо адыгэ лъэпкъ форумым хэта, Хьэбэз курыт еджапIэм адыгэбзэмкIэ и егъэджакIуэ Шэрджэс Расьят. Мы егъэджакIуэм теухуа тхыгъэхэмкIэ  мызэ-мытIэу и цIэ иIуащ, сыту жыпIэмэ езым и жэрдэмкIэ кърихьэжьэ Iуэхухэри, зи пашэ хъууэ игъэкIуатэхэри зэхуэдэу гъэщIэгъуэныщэщ, гъэнщIащ лъапсэ, лъэпкъ фIылъагъуныгъэ псыхьащ. Арагъэнщ езыри и Iуэхуи, и муради зыригъэтIылъэкIыу, мызыгъэгуми гъуэгу жыжьэм тезышар ар. Хэт зи насып къихьар адыгэ къуэпсыр мыгъужу ди лъэпкъэгъухэм здызэтраIыгъэ щIыналъэ жыжьэм ихьэн щIыхьыр? Дуней псом адыгэу щикъухьа хъуам я зэIущIапIэ, я лэжьапIэ, зэрыцIыхупIэ хъуа форумышхуэм хэтыныр? Дауэрэ ягъэзэщIа жэуаплыгъэ лъагэ зыпылъ зэлъыгъуэзэныгъэ лъэпкъ Iуэхур? АбыхэмкIи, нэгъуэщI упщIэ куэдымкIи зыхуэдгъэзащ Шэрджэс Расьят. расьят 4—Мы Iуэхум и жэрдэмщIакIуэри, и гъэкIуэтакIуэри Адыгэ Хасэращ. Ардыдэращ Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я гъащIэр, я псэукIэр зэгъэщIэныр зи къалэну щыта зекIуэ гупым пашэ сыхуэхъун дзыхьыр къызэзыгъэзари. Апхуэдэ дзыхьымрэ щIыхьымрэ си закъуэу къэслъэщауэ  къэслъытэкъым. Абы я фIыщIэшхуэ хэлъщ Тыркум тша еджакIуэ гупым. Хэт абы хыхьахэр жыпIэмэ, дэтхэнэ еджакIуэри зи гуащIэкIэ, зи еджэныгъэкIэ, зи IуэхущIафэкIэ къыхэжаныкIахэращ. Ахэр адыгэбзэ дерсхэм къинэмыщIауэ, жыджэру хэтщ классщIыб лэжьыгъэхэм, зэхьэзэхуэхэм, еджапIэми, адэжкIи едгъэкIуэкI Iуэхугъуэ къэскIэ, фIыуэ щыгъуазэщ адыгэ лъпэкъым и тхыдэм. Мы еджакIуэхэр хэтащ мастер-класс дерсхэм, ди еджапIэм къыщызэдгъэпэща «Бзэ Хасэм» и лэжьыгъэм, Олимпиадэхэм. КъинэмыщIауэ, Налшык къалэм щыIэ «ХыхьэхэкIымкIэ институт»-м гъэ къэскIэ иригъэкIуэкI Олимпиадэхэм хэзгъэхьэри, гуащIафIэу хэтащ, бжьыпэхэри къахьащ. Тыркум  здэтшащ «Ашэмэз» къэфакIуэ гупыр. Абыи хэтщ  еджэныгъэм ехъулэныгъэфIхэр щызиIэ еджакIуэхэр.  Апхуэдэу щыхъум, къэфакIуэ гупыр зэкIэрыдмычу, псори здэтшэну мурад тщIыри, а Iуэхур зетхуащ.  Сытми, нэрыбги 10 нэхъ здэдмышэну къытхуагъэувами, еджакIуэ къудейхэр нэрыбгэ 20 хъуащ. Дэ, балигъхэри: сэ-егъэджакIуэр, Зэгъэщтокъуэ Изабеллэ—Хьэбэз районым и Iэтащхьэм и къуэдзэр, Уэзрокъуэ Зураб—«Ашэмэз»-м и унафэщIыр, дахэтыжу. ЖыIэпхъэщи, хамэ къэралым дыкIуэным ди къару, мылъку закъуэкIэ дыпэлъэщынутэкъым, дэIэпыкъуныгъэу дагъэгъуэтар мыхъуатэмэ. АтIэ, нэрыбги 10-р Хасэм иузэдащ, гъуэгу уасэм щегъэжьауэ, хьэщIэщ, зэрышхэну, Тыркум зэрыщыIэну псоми щыщIэкIыжу. Мыдрей нэрыбги 10-м я анэ-адэхэм ята гъуэгу уасэр щымыхъукIэ, щызу къызэрагъэпэщащ ди Адыгэ Хасэмрэ Тыркум еймрэ. Зэрыхабзэщи, хьэщIапIэ кIуэр IэнэщIу яхыхьэкъым зыхуэкIуэм. Мыбдежми дэIэпыкъуэгъу дгъуэтащ. Зэгъэщтокъуэ Изабеллэ и IэкIэ ищIа жьыхухэр, Сэнэшокъуэ Зуридэ ида чысэхэр къызэрымыкIуэ тыгъэ хъунымкIэ дызэрыгугъам дыкъигъэпцIэжакъым. Ар—иужькIэ. Дежьэным и пэ къихуэу щIыгу къыщытщтащ Али-Бэрдыкъуэ деж щиIэ, урыс-кавказ зауэм хэкIуэдахэм я щIыхькIэ фэеплъ сыным. Ахэр чысэ къэскIэ иткIутащ. Мы щIыпIэм деж щIыгур къэтщтэн  щIэхъуар щхьэусыгъуэншэкъм. СызэреплъымкIэ, дэнэ щымыпсэуами, адыгэ къэскIэ ехьэлIащ, дэтхэнэмкIи фэеплъщ а щIыпIэр, абы щылъ щIыгур.  Здэтщтащ адыгэ хабзэм, лъэпкъым теухуа тхылъ гъэщIэгъуэнхэри. Хамэ къэралым дыкIуэнымкIэ дызыхуэныкъуэ паспортхэр, дэфтэхэр зэдгъэпэщынымкIэ  псэемыблэжу зыкъытщIигъэкъуащ Пхъэш Мыхъутар (зам начальника милиции???). Мис апхуэдэурэ зызэтхьэлIэри, анэ-адэхэми гуапэу дагъэкIуатэу, кхъухьлъатэкIэ дытелъэтыкIащ Налшык деж. расьят 5ДыщетIысэхащ  Стамбул къалэм щиIэ аэропортым. ТелефонкIэрэ дызэпсалъэурэ ди Iуэхухэм щыгъуэза, адыгэ лъэпкъым къыхэкIа, хамэ къэралым щыпсэу зэщхьэгъусэхэу Ишаррэ  Светэрэ къыщытпежьащ хамэщIым. А зэIущIэм и гугъу щхьэхуэу пщIыну хуэфащэщ, апхуэдизымкIэ абы гуапагъэрэ ныбжьэгъугъэ куцIрэ кIуэцIылъщи. АтIэ, фи нэгу къыщIэвгъэхьэт зы дакъикъэкIэ: къалэшхуэ, аэропорт щэджащэ, хамэ къэрал! Дэнэ къыщыдгъуэтыну дызыхуэкIуахэр, дэнэкIэ зыдгъэзэну, дауэрэ дызекIуэну? Зэ щхьэкIэ Iэнкун дыхъуауэ дыздэщытым, дыплъамэ—адыгэ фащэхэр ящыгъыу, адыгэ ныпыр и Iэдэжу зэхэт гуп дыгъэлыр къыдолъагъу. СыткIэ къыбгурымыIуэнрэт ахэр зыпэплъэр, къызыпежьар зэрыдэрар, я къуэш, я шыпхъухэр зэрыарар? КъыпхуэмыIуэтэну гушхуэныгъэ къытхилъхьат тлъэгъуам, ди нэпсхэри къригъэкIуат. А щытыкIэм зэщIищтат ди гъусэу кхъухьлъатэм иса, Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым никIа гупхэри,—жеIэ Расьят.   Мис апхуэдэу ди лъэпкъэгъухэр къатпежьэри, псы зекIуапIэ гъуэгухэмкIэ, Бурса къалэр зэпачри, щыпсэуну къалэм, Мустафа Кемал пащэ къалэм дэт хьэщIэщым яшащ.  Джэгумрэ гуфIэгъуэшхуэмрэ щIэту абдежми къащыпежьащ хэгъэрейхэр. Хэгъэрейхэми хьэщIэу яхуеблэгъахэми махуэр напIэ дэхьеигъуэу блэлъэтауэ къащыхъуащ  жэщыр фIыуэ хэкIуэтауэ,  пIалъэкIэ, къыкIэлъыкIуэ махуэм нэгъунэ зэбгъэдэкIыжын хуей щыхъуам. ГъэщIэгъуэнракъэ, бзэкIэ зэгурымыIуащэми, къафэбзэм псори зэришэлIат, зэгуригъэIуат.    ЕтIуанэ махуэм екIуэкIащ семинарышхуэ. Абы и лэжьыгъэм хэтащ КъЧР-м, КъБР-м, АР-м, Стамбул, Кфар Къамэ, Тыркум и дэнэ къуапи къикIа лIыкIуэхэр. Семинарыр теухуауэ щытащ бзэм, абы и мыхьэнэм. Мыбдеж ди лъэныкъуэмкIэ икIахэм я лъэкIыныгъэхэр щагъэлъэгъуащ. Уэрэд жыIэн, усэ къеджэн, тхыдэ щIэныгъэр наIуэ щIын, лъэпкъ къафэхэр гъэлъэгъуэн жыпIэми, сыт и лъэныкъуэкIи щапхъэгъэлъагъуэу щытащ ди адыгэ гупыр. Хамэ къэрал ущыпсэууэ, хамэщI уису сыткIи уи нэпс къемыкIуэнрэт Шэрджэс Расьят и къалэмыпэм къыщIэкIа, Уэзрокъуэ Изабеллэ къызэджа «Си адыгэбзэ» усэм щыщ сатырхэм: …Дунейр щыхуэхъуми щIым дэуэгъу, УщыреIэ уэ, си адыгэбзэ. расьят 7А сатырхэмкIэ щIагъэбыдэжащ Расьят утыку къэпсэлъэныгъэр. Езым къызэрыджиIащи, хуабжьу гушхуэныгъэшхуэ къахилъхьат семинарым щIэсар псори къэтэджу IэгуауэкIэ щаIэтам. Сидакъ Чэмилэ къызэджа, Бемырзэ Мухьэдин итха «Iэпкълъэпкъ пщыкIутI» усэри апхуэдэ къабзэу, зэщIиIэтащ Iэгуауэм. Нэхъри гуапэ хъуар а усэр хэгъэрейхэм ящыщ гуэрхэми яцIыхуу къызэрыщIэкIаращ. ЯцIыхум къыщымынэу, абы къеджэ пщащэм дыжаIащ. Нэхущ Мухьэмэд и «ЛъэIу» усэм къеджащ Арэшыкъуэ Заринэ. Хъыбырт Марянэ къеджащ «Зэ уадыгэныр сыт и уасэ» усэм. ГъэщIэгъуэныщэу щытащ узыншагъэм, афияным, фадэм теухуа семинарри. Абы и къыхуеджэныгъэ нэхъыщхьэр апхуэдэ ем щIэблэр пэIэщIэ щIынрат. Расьят къыхегъэщ семинарым Тыркум щыIэ полицэм хэт куэд зэIущIэм зэрыхэлэжьыхьар. АтIэ, абыхэм я нэхъыбэр адыгэ лъэпкъым къыхэкIа щIалэт. «Адыгэм щIэблэ узыншэ диIэн хуейщ»,—мызэ-мытIэу щыжаIащ семинарым. Семинар, зэIущIэ лэжьыгъэхэм къинэмыщIауэ, нэгузыужь щыIахэщ щIыпIэ дахэхэм, адыгэхэр зыщыпсэу къуажэхэм. Шэрджэсым къызэрыхигъэщащи, щхьэгъэпцIэжщ дэнэ дежи бзэр щахъумащ, адыгэу хамэщIым исыр псори зэхуэщIарэ къызыхуэтыншэу мэпсэу жыпIэныр. Ауэ хьэкъыр зыщ—я бзэр яхъумэжынымкIэ, я къуэпсыр ягъэбэгъуэжынымкIэ пэрыуэгъу къахуэхъуIакъым. АбыкIэ адыгэбзэр ирагъэджу егъэджакIуэ гуэрхэр щыIэщ, Адыгейм икIауэ. Езыхэми гукъыдэж зиIэ яхэтщ, адыгэ адэжь лъахэм къакIуэу адыгэбзэм нэхъ гъунэгъу зыхуащIыжынымкIэ, еджэнымкIэ, ирагъэджэнымкIэ. Гу зылъытапхъэщи, мылъку зыбгъэдэлъу  псэум и лэжьапIи, и псэупIи хыфIидзэу мыбыкIэ къэкIуэжыныр Iэмал зимыIэ дыдэу къилъытэкъым. Апхуэмыдэр, нэхъ къулейсызу псэур, хуей щхьэкIэ, зыкъиIэту, мыбыкIэ къызэрыкIуэн, и лъабжьэ щIэрыщIэу зэригъэтIылъыжын мылъку хуэугъуеинукъым. Къуажэхэм щащIащ джэгухэр. Псалъэ щагъэIуащ. Къуажэ къэскIэ лъагъэсащ мыбыкIэ ираша, чысэхэм илъ щIы IэмыщIэхэр. Чысэхэм щIагъужт абы илъ щIыгур къызытраха щIыпIэм,фэеплъ сыным теухуа хъыбарыр. Чысэхэр зыратахэм абыхэм илъ адыгэщI IэмыщIэхэр щхьэж езым зэрищIыжынур хэт ищIэн, ауэ Шэрджэс Расьят и къыхэлъхьэныгъэм псори арэзы техъуащ. «Гъатхэр къэсмэ, багъуэ, пхъэщхьэмыщхьэ жыг хэфлъхьи, абы фи адэжь щIыгу IэмыщIэу къыфхуэтхьар щIэфкIутэ. Фэри фIухуэнщ адыэжь щIыналъэ и щIыгум къыхэкIыкIа жыгым къыпыфча пхъэщхьэмыщхьэ»,—жиIащ Расьят. расьятКъинэмыщIауэ, Мустафа Кемал пащэ, Бурса къалэхэм я унафэщIхэми ирагъэблагъэри ягъэхьэщIащ, фэеплъ тыгъэхэр къыхуащIащ. Уеблэмэ, гупым хэт ныбжьыщIэ къэскIэ ягу къэкIащ, гулъытэ къыхуащIащ. Дыдейхэми хэгъэрейхэм тыгъэу иратащ жьыху, чысэ, тхылъ гъэщIэгъуэнхэр. «Адыгэхэр дэнэ дыщымыпсэуми, дызэрыIыгъынущ, шэч хэлъкъым. Ауэ фэ, къалэшхуэ Iэтащхьэхэм фIыщIэ фхудощI ди лъэпкъэгъухэр дэмыкъузауэ, я гур утIыпщауэ, я Iуэху дахынымкIэ хуитыныгъэ яIэу къызэрыфхэтыр»,—Расьят жиIа псалъэхэм пэджэжу жэуапу къратащ къахэт къудейм къыщымынэу, къэралым и цIыху пажэхэу, пщIэрэ щхьэпэ зиIэу адыгэхэмрэ езыхэмрэ зэрызэдэпсэур. Стамбул къудейм адыгэу мелуаным нэс дэсщ. Мэжджытхэр, музейхэр, бэзэрхэр, сатущIапIэхэр, къуажэхэр, къалэхэр, тенджыз щIыIухэр… Куэд, куэд дыдэ я нэгу щIэкIащ мыбыкIэ икIахэм икIи Тыркум зэрыщыIа зы махуэ къэскIэ игъащIэ псом я гум къызэринэжынум зыми шэч къытрихьэжтэкъым къежьэжыгъуэ щыхъуам.   Иужьрей пщыхьэщхьэм ящIащ хэгъэрейхэри хьэщIэхэри зыхэта гала-концертышхуэ. Абдеж утыкум дахэу, фащэу къихьащ ди адыгэ гупыр. Расьят и гуапэу игу къегъэкIыж «Ашэмэз» къэфакIуэ гупым, Мэремыкъуэ Ланэ пхъэ вакъэм тету къэфакIуэ утыкум къыщихьам  псори зэфIэту зэреплъар. «Уэркъ къафэм» хуаIэта Iэгуауэр куэдрэ утыкум щхьэщытащ. Концертым еплъхэм, япэ сатырхэм щысхэм хуагуэшащ чысэхэр. Расьят игу къегъэкIыж зы дадэ къабгъэдыхьэу: «КхъыIэ, фиIэжыххэмэ, зы чысэ къыслъывгъэс»,—жиIэу къазэрелъэIуар. Зы чысэ закъуэ къахуэнэжат, ауэ абы щIыгу илътэкъыми, нэгъуэщI чысэм илъар ягуэшри, дадэми лъагъэсащ.    ЗэбгъэдэкIыжыгъуэ дакъикъэм зи нэпс къригъэкIуар мащIэкъым. Форумым и мурадыр къызэрыдэхъуам и щыхьэт наIуэт ар. АтIэ, абы и мурадар щIэблэр нэхъри зэрыгъэцIыхун, я кум ныбжьэгъугъэ мафIэр щызэщIэгъэстын, бзэр, зэпыщIэныгъэр гъэбыдэнрат. Ар къазэрыдэхъуам и щыхьэт хъуащ щIэх дыдэ я ужьым иту къахуеблэгъа щIалитIыр. Тыркум къикIри хьэщIапIэ къэкIуащ Омаррэ Ехьярэ.  Мыбдеж абыхэм гуапэу япежьам къыщымынэу, щызу я нэгу зрагъэужьащ, я адэжь щIыналъэм гу щрагъэхуащ. Архъыз, Iэдииху щыIащ, губгъуэхэри, мэзхэри, бгыхэри къаплъыхьащ, щыIащ Али-Бэрдыкъуэ дэт фэеплъ сынми. Адыгэ хабзэм ипкъ иту, хуаукIащ хьэщIэ нышри.  Мис апхуэдэ зэпыщIэныгъэр дяпэкIи щыIэным щхьэпэнущ хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр иджы дыдейхэм кърагъэблэгъэн мурадыфIри. Расьят дызэрыщигъэгъуэзащи, я гугъэщ апхуэдэ IуэхуфIыр кIыхьлIыхь ямыщIу, мы гъэм гъэмахуэм зэрахуэну. ИджыкIэ Iуэхур зыIутращи, гупым хэтахэмрэ здэщыIа ныбжьыщIэхэмрэ зэхуотхэ, зопсалъэ, Интернет Iэмалхэр къагъэсэбэпурэ. ТхакIуэ, усакIуэ щэджащэ Гёте Иоган жиIауэ щытащ «ХузэфIэкIынур имыщIэу, зыхимыщIыкIым зыкIэрызыщIэ цIыхур насыпыншэщ» жэуэ. АтIэ, зи гугъу тщIа гупым хузэфIэкIыну зыри къигъэнакъым, дызэреплъымкIэ, адыгэ лъэпкъым и блэкIамрэ и нобэмрэ зэрипхыжынымкIэ.  Источник: riakchr.ru
1606 просмотров


Комментарии

Написать
Комментарии >



Подписывайтесь на RIAKCHR в Одноклассниках Получайте свежие статьи и новые публикации на свой мобильный
Вступайте в сообщество RIAKCHR в “ВКонтакте” Получайте свежие статьи и новые публикации на свой мобильный
Вступайте в сообщество RIAKCHR в “Telegram” Получайте свежие статьи и новые публикации на свой мобильный