Актуально КЧР с рабочим визитом посетил руководитель Росреестра Олег Скуфинский СКФО На Ставрополье планируют закупить 45 новых троллейбусов СКФО Более 12 тысяч учеников сдадут ЕГЭ в Дагестане в 2024 году СКФО Детский тотальный диктант прошел в одном из городов Северной Осетии СКФО Активисты из клуба "Альтаир" В КБР успешно поднялись на гору Нартия

ПАЩТЫХЬ ГУАЩЭ ГУАЩЭНЕЙ

21.08.2015 4151
ПАЩТЫХЬ ГУАЩЭ ГУАЩЭНЕЙ
Мария Темрюковна ИдароваКъэбэрдейм я пщы уэлий Идархэ Мерэмщауэ и къуэ Темрыкъуэ и хъыджэбз кIасэ Гуащэней, 1561 гъэм шыщхьэIу (август) мазэм и 21-м  Урысейм и пащтыхь Грозный Иван Iэпэгъу хуащIщ, чыристан диныр кърагъащтэри чылисэ тхылъми «Марие Темрюковнэу» иратхащ. Темрыкъуэ, адэ псоми яхуэдэу, и хъыджэбз кIасэ тхьэIухудыр щIым къыщымыхъуауэ насыпыфIэ ищIын и гугъащ. Ауэ Темрыкъуэ Урысейм и пащтыхь Грозный Иван и щэн-хьэлхэм щыгъуазащэу щытакъым. Абы и гугъэт малъхъэ къыхуэхъуа урыс пащтыхь щIалэр езым хуэдэу и псалъэ емыпцIыжу, жиIар щыжиIам щыпызупщI цIыху щыпкъэу, лIы пхъашэ пэж щIэкъуу. ЖыIэпхъэщ Гуащэней ныбжьыщIэ дыдэу, адыгэ уэркъ хабзэ ткIийм щIапIыкIа хъыджэбз тхьэIухуду зэрыщытар. Гуащэней хуэмыдэу, и щхьэгъусэ пащтыхь Грозный Иван а лъэхъэнэм илъэс щэщIым ит, зы щхьэгъуси зыгъэтIылъыжа, Европэ къэралхэм я пащтыхь зыбжанэм я хъыджэбзхэр кърамыпэсу къаущхьэкIуа лIыгъуабэт. Апхуэдэу щыта пэтми, урысей тхыдэтх Карамзин, Соловьев, Костомаров, нэгъуэщIхэми зэтехуэу ятх ар лъыгъэжэным, гущIэгъуншагъэм хуэзунэтIар Гуащэнейуэ. Гуащэней папщIэ ятха мы псалъэ дыджхэр зэрымыпэжыр езы тхыдэтххэм Грозный Иван и сабиигъуэр къыщыратхэкI напэкIуэцIхэм къыщаIуатэ. Тхыдэтх Костомаров и лэжьыгъэ: «Русская История в Жизнеописаниях ее главнейших деятелей» зыфIищам и япэ тхылъым и напэкIуэцIи 137-м деж щетх: «Иван Васильевич и хьэл-щэнкIэ цIыху псынщIэт, акъылышхуэ зимыIэт, щыцIыкIу лъандэрэ бзаджагъэм, лыузыншагъэм хуагъэса, зэми къыпхуэмыщIэжу къэрабгъэ, щыгушхуэкIэ къэубыдыжыгъуейуэ, ехьэжьауэ зызыхъуэжщ. И анэш Глинскэхэмрэ Белскэхэмрэ зэпеуэу щIэпхъаджагъэхэм хуагъасэт. Псэущхьэ цIыкIухэр унащхьэм худрахьейти лъагапIэм къридзыхт, ахэр гугъу ехьыурэ я псэр зэрыхэкIыр и гурыфIыгъуэу кIэлъагъэплът. Апхуэдэурэ Иван и лIыпIэ щиувэм зыгъэсахэм зыхуагъэса бзаджагъэхэр ярищIэж хъуащ»… Гуащэней и щхьэгъусэ хъуным и пэкIэ, ауан къэзыщIу щыта боярхэм пащтыхьым и сабиигъуэм наIуэ нэсу ящищIащ и лыузыншагъэр, хеилъ гъэжэным, гуэныхь къэхьыным щымэхъашэу зэрыщымытыр. И япэ щхьэгъусэ Анастасие дунейм щехыжам лажьэ зиIи зимыIи зэхимыдзу цIыху куэдым я псэ яригъэнащ. А щIэпхъаджагъэ псор пащтыхьым дащIэу щытми, Иван и бзаджагъэр къыздежьэр Гуащэней и дежу жаIэфащ пщIэ зыхуэтщI тхыдэтххэм. Иван сыт хуэдэ гуэныхь къимылэжьами урысейм къэрал яхуиухуащ, боярхэм я пщIыхь щамылъэгъуа щIыналъэ куэди къахуизэуащ. Гуащэней нэхъ бзаджэ дунейм цIыхубз темытами, Урысей къэралым я пащтыхь гуащэу дунейм ехыжащ. Тхыдэтххэм гуэныхьу къамылъытэу пIэрэ Гуащэней и сабий Василий Иванович, илъэситI нэхъ зимыныбжьыр, щхъухькIэ зэрагъэлIар?! Урысщылъху бояр (уэркъышхуэ) лыузымрэ, гухэныгъэмрэ зэщIищтахэм щхъухькIэ пащтыхь  сабийм гуащэри кIэлъагъэкIуащ. Гуащэней и ужь пащтыхь Грозный Иван фызих зэрихъуэкIащ, ауэ и щэн-хьэлхэр ихъуэжауэ дунейр ибгынэжакъым. Зэщхьэгъусэ пащтыхьхэм сыт хуэдэ гуэныхь къамыхьами, ахърэтым кIуэжащ. Тхьэм я гуэныхьхэр къахуигъэгъу. Мы гъэм и шыщхьэIу (август) мазэм и 21-рэ махуэм лъэужь мыкIуэдыж къытхуэзыгъэна а цIыхуитIым я нэчыхь зэратхрэ илъэс 446 хъунущ… Источник: riakchr.ru
4151 просмотров

Читайте также



Комментарии

Написать
Комментарии >



Подписывайтесь на RIAKCHR в Одноклассниках Получайте свежие статьи и новые публикации на свой мобильный
Вступайте в сообщество RIAKCHR в “ВКонтакте” Получайте свежие статьи и новые публикации на свой мобильный
Вступайте в сообщество RIAKCHR в “Telegram” Получайте свежие статьи и новые публикации на свой мобильный