2014 гъэм Черкесск къалэм дэт «Центр образования № 11» МБОУ-м ипкъ ит «Свято – Сергиевская гимназия» IуэхущIапIэм деж къыщызэIуахауэ щытащ «Юный пограничник» классыр. Абы щапхъэ трахри, мы гъэм «Юный спасатель-пожарный» классыр къэзэрагъэпэщащ. Классым щеджэну сабийхэр хэкупсэу ягъэсэным къинэмыщIауэ, абыхэм дяпэкIэ IэщIагъэ яхуэхъунум дерсхэр тегъэчынауэ щытынущ. Сабийхэр физкультурэм, спортым пыщIауэ къагъэтэджэнущ. Сабийхэм «кадет» цIэ лъапIэр чэзуурэ къыхуагъэфащэри, абыхэм къратащ Урысейм и МЧС-м и кадетхэм я галстукыр, бгъэхэIур. Я адэ-анэхэр, егъэджакIуэхэр щыту сабийхэм тхьэлъанэ ятащ лIыгъэ зэрахьэну, гъуэгу пэжым тетыну. 1 «Г» классым къехъуэхъуащ зи № 11 егъэджэныгъэ Купсэм и унафэщI Ляшевэ Еленэ, «Свято-Сергиевская гимназия»-м и протоиерей Кузнецов Сергей. Сабийхэр я нэIэ щIэтщ КъЧР и МЧС-м и лэжьакIуэ Дергоусов Василий. — НыбжьыщIэхэ, нобэ кадет фыхъуащ. МафIэсгъэункIыфI IэщIагъэр гугъущ, псэзэпылъхьэпIи хэтщ. Мы IэщIагъэр лIыгъэрэ жыджэрагърэ хуэныкъуэщ. Нобэ щыщIэдзауэ фэркIэ нэхъыщхьэр фIыуэ феджэнращ. ФIы къывдэхъуну сывохъуэхъу! – жиIащ Дергоусов Василий. Хъуэхъу псалъэхэм нэужь, сабийхэр нэIуасэ хуащIащ мафIэс-къегъэлакIуэ техникэм. ЕджакIуэ цIыкIухэм кърагъэлъэгъуащ мафIэс техникэр зэрылажьэр, ар зэрыгъэпсар. Гукъыдэж зиIэхэр мафIэс машинэми и рулым бгъэдагъэсащ, сурэт зытрахащ. Къинэмыщауэ, мафIэсгъэункIыфIым и щыгъынхэр сабийхэм кърагъэлъэгъуащ, ахэр зыщатIэгъащ. Абыхэм я мыхьэнэр сабийхэм гурагъэIуащ. «МафIэсгъэункIыфI-къегъэлакIуэ ныбжьыщIэ» кадет классыр къызэрагъэпэщащ къегъэлакIуэ IэщIагъэр нэхъ цIэрыIуэ щIын папщIэ. МЧС-м и лэжьакIуэхэм къызэрагъэпэщащ сабийхэр илъэс 11-кIэ зэреджэн программэр. Куэд мыщIэу, егъэджакIуэ къызэрыкIуэхэм къинэмыщIауэ, абыхэм дерсхэр ирагъэцIыхунущ МЧС-м и лэжьакIуэхэми. Классым щеджэнущ сабий 32-рэ. Источник: riakchr.ru Предыдущая новость 1078 просмотров Следующая новость Читайте также ЦIыхугъэрэ щыпкъагъэрэ зыхэлът 09.06.2015 554 Дуней псом щоIу 30.10.2019 554 Получайте свежие новости на электронную почту Подписаться Комментарии Написать
Комментарии