Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид яIущIащ Черкесск къалэм дэт «Центр военно-патриотического воспитания молодежи» къудамэмрэ Псху Зое и нэIэ щIэт «Подвиг» лъыхъуакIуэ-къегъэлакIуэ гупым хэтхэмрэ. ЗэIущIэм хэтащ Черкесск къалэм и мэр Тамбиев Руслан. Республикэм и Iэтащхьэр къызэхуэсахэм яхъуэхъуащ Урысейм и МахуэмкIэ. ФIыщIэ яхуищIащ ныбжьыщIэхэми, абыхэм я гъэсакIуэ-егъэджакIуэхэми. ЛэжьыгъэфIу зэфIахыр, хэкупсэ-лъэпкъыпсэ гъэсэныгъэм и IэмалыфI къагъэсэбэпхэр тхыдэ фэеплъым хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуэхъури игъэбелджылащ. - Фэр хуэдэ ныбжьыщIэхэм, нэхъыщIхэм щапхъэфI фазэрыхуэхъур хуабжьу сэбэпщ. ИкIи шэчыншэщ Хэкум и бын пажэ къызэрыфхэкIынур. Иджыри зэ махуэщIым и щIыхькIэ зыфхузогъазэ. Фи мурад дахэм фыхуэфащэу, IэщIагъэрылажьэ нэс къыфхэкIауэ, узыншэу гъащIэм фрикIуэну сывохъуэхъу. Куэдым къыхэфхагъэхэщ фызэрылэжьэну IэщIагъэр, Хэкум къулыкъу хуэзыщIэну къыфхэкIари мащIэкъым. Си фIэщ мэхъу фи мурадхэр къызэрывэхъулIэнур, дяпэкIэ фи IуэхуфIхэм папщIэ дызэрыгушхуэнур,- жиIащ Темрезов Рэшид. Абы къыдэкIуэу, «Хэкупсэ-лъэпкъыпсэ Iуэхухэм зэрыхэлэжьыхьым, Хэку Зауэшхуэм ТекIуэныгъэр къызэрыщалъэщрэ илъэс 70 зэрырикъуар зэрагъэлъэпIа махуэщIхэм нэгъэсауэ зэрыхэтам папщIэ, Урысейм и Махуэм и щIыхькIэ» зи фIэщыгъэцIэ фIыщIэ тхылъхэр яритащ Купсэм и гъэсэнхэм. Республикэм и Iэтащхьэр сыт щыгъуи набдзэгубдзаплъэу къазэрылъыкъуэкIым папщIэ, фIыщIэ хуищIащ гупым и унафэщI Псху Зое. - Тхыдэр сыт щыгъуи купщIафIэщ. Арами, адрей лIыщIыгъуэхэм, илъэсхэм елъытауэ, нобэ дызыхэпсэухь пIалъэм нэхъ мыхьэнэ иIэщ. УсакIуэ Некрасовым итхауэ щытащ: «Хэкум и бын нэсхэр» жэуэ. Аращ нобэ щIыжытIэр – быныр адэ-анэм къащIэхъуэми, Хэкум и быным джэлэс хуэхъур гъэсэныгъэращ. Урысейм и лъэпкъ пажэм фызэрыщыщыр, къэкIуэнур фэфейуэ зэрыщытыр, Хэкур къызэрыфщыгугъыр зыщывмыгъэгъупщэну зыфхузогъазэ,- жиIащ Псху Зое. НыбжьыщIэхэм къабгъэдэкIыу, Темрезов Рэшидрэ къызэхуэсахэмрэ захуигъэзащ купсэм и гъэсэнхэм ящыщ Левченко Данила. Предыдущая новость 1107 просмотров Следующая новость Читайте также Адыгэ уэрэдыжьым и жьэгум 28.01.2015 693 Фэеплъыр ягъэлъапIэу 10.04.2015 544 Получайте свежие новости на электронную почту Подписаться Комментарии Написать
Комментарии