Тхьэмахуэм къриубыдэу, мэкъуауэгъуэм (июным) и 23-30 махуэхэм КъЧР-м и МВД-м и Прикубан район ОГИБДД-м и къызэгъэпэщыныгъэкIэ, районым щекIуэкIынущ «Фысакъ! Сабийхэр!» профилактикэ Iуэхугъуэр.
Акцэр къызэрагъэпэщащ сабийхэм, ныбжьыщIэхэм я узыншагъэр, гъащIэр хъумэн, гъуэгум текIуадэ сабийхэм жылагъуэм гу лъегъэтэн, машинэ зэжьэхэуэныгъэхэм хэхуэ, фэбжь хэзых сабийхэр гъэмэщIэн папщIэ.
Мы Iуэхугъуэм ипкъ иту сабийхэр, ныбжьыщIэхэр здыщаIыгъ зыгъэпсэхупIэ лагерхэм Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэр къыщызэрагъэпэщынущ.
ИджыкIэ лэжьыгъэр йокIуэкIыххэ. Апхуэдэу, Майский жылагъуэм дэт курыт еджапIэм щылажьэ зыгъэпсэхупIэ лагерым щаIыгъ сабийхэм мы махуэхэм «Шынагъуэншэ гъуэгу» фIэщыгъэцIэр зиIэ КВН драгъэкIуэкIащ. Къызэрагъэпэщащ «Дорожный калейдоскоп» джэгукIэр. НыбжьыщIэхэр къытрагъэпсэлъыхьащ ПДД-м зэрыхащIыкIым, ирагъэкIуэкIащ «Сабиигъуэм и шынагъуэншэ гъуэгу» фIэщыгъэцIэр зиIэ, сурэт щIынымкIэ зэпеуэр.
КъинэмыщIауэ, Октябрьскэ жылагъуэм дэт «Дыгъэ» сабий лагерым дежи ПДД хабзэхэмкIэ зэхьэзэхуэ щрагъэкIуэкIащ.
Жагъуэ зэрыхъущи, гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэ пIалъэм гъуэгухэм махуэ къэс къыщыхъу зэжьэхэуэныгъэхэм нэхъыбэрэ сабийхэм фэбжь щагъуэт. АтIэ, ахэр гъуэгум куэду къытохьэ лъэсырызекIуэу, лъакъуэрыгъажэ, нэгъуэщI IэмэпсымэхэмкIэ. И нэхъыбэм зэрыхъур аращи, ныбжьыщIэхэр зыми и нэIэ щIэмыту гъуэгум тетщ, абы щызекIуэ хабзэхэми нэгъэсауэ хэзыщIыкIыр мащIэ дыдэщ.
Гъуэгум тет сабийхэм фэбжь щIагъуэтым и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэу къонэ машинэкIэ кърашэкI ныбжьыщIэхэр зэрырамыпхыхьыр...
ЩIыхь зыхуэтщIу республикэм щыпсэухэ! Профилактикэ Iуэхугъуэр щекIуэкI пIалъэм къыщымынэу, сыт щыгъуи сакъыныгъэ фхэлъу гъуэгум фыщызекIуэ! АбыкIэ хэт и гъащIэри хъума хъунущ.
Комментарии