ГуфIэгъуэ хъыбар мы махуэхэм къытIэрыхьащ Сербия къэралым хыхьэ Субботицэ къалэм къикIыу. Абдеж хуиту бэнэнымкIэ щекIуэкI, щIалэгъуалэр зыхэт Европэм и чемпионатым дыщэ медалкIэ, текIуэныгъэ инкIэ къыхэщащ Адыгэ-Хьэблэ къуажэм щыщ бэнакIуэ ныбжьыщIэ — Шыбзыхъуэ Малыч! Малыч щыбэнащ зи хьэлъагъыр килограмм 76-рэ хъу гупым хэту. Финалым и 1/8-м Малыч къыпэщIэта, Швейцария къэралым щыщ Пирроз Джоел адыгэ бэнакIуэр бжыгъэр 10-0-у бжьыпэр къыфIихьащ. Финалым и ¼-м Малыч ебэнащ Венгрия къэралым щыщ Ботонд Лукаш икIи 6-0-у текIуэныгъэр зыIэригъэхьащ. Финал ныкъуэм Малыч и къару зрипщытар Израил къэралым къыбгъэдэкIа Калашников Юрийщ. Мыбыи текIуэныгъэр 14-4-уэ Шыбзыхъуэм къыIэщIихащ. Финалым ди лъэпкъэгъу бэнакIуэ лъэрыхьым къыпэщIэхуар Куржым щыщ Мегенейшвили Демурщ. Абы Малыч бжыгъэр 7-3-уэ текIуэныгъэр къыфIихьри, дызэрыщыгуфIыкIыну, Европэ спорт щыгум адыгэ щIалэр иуващ. Малыч зыщегъасэ Ставрополь край СДЮСШОР-м. ГуфIэгъуэшхуэм зэщIиIэтэу Адыгэ-Хьэблэ къуажэдэсхэм, районым щыпсэухэм я чемпионыр мы махуэхэм кърагъэблэгъэжащ, хъуэхъу псалъэ гуапэхэри хужаIащ. Малыч и гъэсакIуэхэм ящыщ Мэзукъэбз Мурэдин и гъэсэным къыхуагъэфэща хъуэхъу псалъэхэм пэджэжу фIыщIэ ин яхуищIащ гуапэу къезыгъэблэгъэжахэм, мылъкукIэ дэIэпыкъуэгъу къахуэхъуахэу КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и депутат Арэшыкъуэ Раул, Адыгэ-Хьэблэ муниципальнэ район администарцэм и Iэтащхьэ Къардэн СулътIан сымэ. — Апхуэдэ лIыфIхэм я фIыщIэкIэ Адыгэ-Хьэблэ спорт гъэсапIэр Европэм цIэрыIуэ щыхъуащ, — жиIащ гъэсакIуэм. НэгъуэщI и зы гъэсакIуэм — Щымырзэ Мухьэрбий тхьэгъэпсэу псалъэхэр яхужиIащ Малыч зыгъэса анэ-адэм. ГуфIэгъуэ зэIущIэм къыщыпсэлъа дэтхэнэри Малыч ехъуэхъуащ нэхъри нэхъыбэ спорт ехъулIэныгъэкIэ, Олимп Джэгухэм я щыгум иувауэ тлъагъуну! Предыдущая новость 829 просмотров Следующая новость Читайте также ЗэгурыIуэныгъэ зэдащIащ 10.09.2018 414 Зы лъэпкъыу дызэхэтщ 03.08.2017 405 Получайте свежие новости на электронную почту Подписаться Комментарии Написать
Комментарии