СКФО В Северной Осетии в 2024 году появятся прямые авиарейсы в Нижний Новгород СКФО Сельхозкооперативы в КБР набирают популярность Актуально Региональный этап Всероссийской олимпиады по истории российского предпринимательства прошел в КЧР на базе КЧГУ Актуально Глава КЧР Рашид Темрезов в Приэльбрусье встретился с активистами Общероссийского движения детей и молодежи «Движение Первых» Актуально Глава КЧР Рашид Темрезов в Тырныаузе КБР принял участие в открытии Дворца культуры им. Кайсына Кулиева

Дуней псом щоIу

30.10.2019 390
Дуней псом щоIу
Тхыдэ дэфтэрхэм я нэхъыбэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, пшынэр къэзыгупсысар нэмыцэ IэпщIэлъапщIэ Буштан Христианщ. Нэхъапэ щIыкIэ абы къригъэжьащ Iупэ пшынэр, итIанэ а гъэпсыкIэ дыдэм иту ищIащ къызэрыкIуэ пшынэ цIыкIури. Кавказым деж зы махуэщIи зэфIэкIкъым, пшынэ хэмыту. Абы и макъыр мыIуу, зы нысаши, зы гуфIэгъуэ зэIущIи зэхыхьэкъым. Пшынэм щIыгъу хабзэщ доулыр (бэрэбаныр). Абы пшынэм и макъамэр нэхъри щIегъэжьыуэ. Пшынэр пIалъэ кIэщIкIэ дэни щызэбгырыкIащ, хуэфащэ щIыпIэ щиубыдащ макъамэ щэнхабзэм, Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм ар я цIыхубэ Iэмэпсымэу къалъытащ. Урысейм деж пшынэ щащIу щытащ Тулэ, Вяткэ, Къэзан, Саратов. Ахэр гуэшат «кнопочнэу», «рольнэу», зы Iэпэ сатыру, Iэпэ сатыритIу. ЗэрыIури зэщхьэщыкIт. ИужькIэ пшынэхэр щагъэхьэзыр хъуащ макъамэ Iэмэпсымэхэр здащI Ермэлыхьэблэ (Армавир) фабрикэм. Ауэ ахэр я фIагъкIэ адрейхэм зыгуэркIэ къакIэрыхут. Абы кIэлъыкIуэу Ищхъэрэ Кавказым и республикэхэм къыщыкъуэкIащ пшынэр зи IэкIэ зыщI цIыху IэпщIэлъапщIэхэр. ЗэрыгурыIуэг ъуэщи, макъамэхэр зытх композиторхэм я IэдакъэщIэкIхэм гъащIэм гъуэгу щагъуэтыр ахэр макъамэ Iэмэпсымэхэм кърагъэкIыу щIадза нэужьщ. Макъамэ Iэмэпсымэхэр, мыбдежым, пшынэхэр, зыщI цIыху IэпщIэлъапщIэхэр куэдтэкъым икIи абыхэм пщIэрэ щхьэрэ нэгъэсауэ яIэт. «Абы и гумкIэ зыхещIэ щIым жьы зэришэр», «ЩIалэгъуалэм и ныбжьэгъу икIи и ущиякIуэ», «Абы и звеном хуэдэ дунейм теткъым», «УнафэщI губзыгъэ, гу щабэ». А щхьэщIэдзапIэхэм щIэту газетхэр абы тепсэлъыхьу щытащ лIыщIыгъуэ блэкIам и 70 - 80 гъэхэм. Зи гугъу тщIыр губгъуэрылажьэ, РСФСР - м щIыхь зиIэ и механизатор, Нэгъуей районым хыхьэ Эркин - Юрт къуажэм щыщ Курмангулов Къанщобийщ, зи гъащIэр щIыгум телэжьыхьыным хухэзыхаращ. НыбжьыщIэ дыдэу совхоз губгъуэм ихьащ, дэтхэнэ щIыгу кIапэми и лъэр нихусауэ щыгъуазэт. Гъатхэм вагъэхэр игъэтIылът, гъэмахуэм гуэдз щхьэмыжхэм Iэ ядилъэт, бжьыхьэм фошыгъупхъэ жэгундэр Iуихыжт, щIымахуэм бжьыхьэсэхэр исэт, техникэ IэмалхэмкIэ абыхэм якIэлъыплът. ПсалъэкIэ къыпхуэIуэтэнукъым механизаторым и лэжьыгъэр зыхуэдэр, ауэ абы и гуащIэдэкI хьэлэлымкIэ лъэужь дахэ ди республикэм и тхыдэм къызэрыхинам щыхьэт тохъуэ къыхуагъэфэща тыгъэ лъапIэхэмрэ саугъэтхэмрэ. АпщыгъуэкIи псом нэхърэ нэхъыщхьэр и хэкуэгъухэм, и гъэсэнхэмрэ щIэблэмрэ фIыкIэ ягу къызэринаращ. ГуащIэдэкIым и ветеран, “Знак почета”, Ленин, Октябрьскэ революцэ орденхэм я кавалер, ЩIыхь тхылъхэмрэ фIыщIэ псалъэхэмрэ куэду къызыхуагъэфэща Курмангулов Къанщобий и сабиигъуэ лъандэрэ щIыгур фIыуэ илъэгъуащ, икIи а лъагъуныгъэмкIэ ядэгуэшащ и къуажэдэс щIалэгъуалэм. 1975 гъэм Къанщобий ди республикэм, апщыгъуэм Къэрэшей - Черкес автономнэ областу щытам, щыяпэу къызэригъэпэщащ тракторист бзылъхугъэхэм я щIалэгъуалэ механизированнэ звенор. ПщащэIуэр къыхуиIуатэу щIидзащ. Тобыл Мухьэрбий щылэжьащ область тхылъ тедзапIэм (типографием) и печать цехым. Ар фIыуэ къалъагъут къыдэлажьэхэм, и унафэщIхэм пщIэ къыхуащIт. Илъэс 22 - кIэ типографием щылэжьати, зы мэскъалкIи гукъанэ къыхуащIакъым. Абы и гуащIэдэкI хьэлэлым къыпэкIуэу къыхуагъэфэщащ фIыщIэ тхылъхэр, «Ветеран труда» щIыхьыцIэр. Ауэ зэгуэрми ужьыхакъым Мухьэрбий пшынэ щIыным хуиIэ гукъыдэжыр. Зэман зэригъуэтым хуэдэу и лъэщапIэм и лъэр нихуст. Iэмэпсымэжьхэр къищэхужт, зэпкърихти, зэрызэпкъырылъыр зэригъащIэт, аргуэру зэпкъригъэувэжт. Iуэхум зэрыдихьэхыр, абы тегъэчынауэ зэрыпылъыр лъабжьэ хуэхъуащ и IэпщIэлъапщIагъэ лъагэм. Япэу ищIа Iэмэпсымэр дэгъуэ гуэр хъуат. Ар иритащ и адэшыпхъу пшынауэм. КъыкIэлъыкIуэу зэпкърилъхьа пшынищыр - и шыпхъухэм. ЦIыхухэм зыкъыхуагъазэ хъуащ, нэхъапэ щIыкIэ пшынэ къутахэр ирагъэщIыжт, иужькIэ - щIэхэр ирагъэщIу щIадзащ. ПшынэщI Iэзэм теухуа хъыбарыр КъЧР-м щызэлъащIысри, ди щIыналъэм и гъунапкъэхэми икIащ. Тобылым ищIа дэтхэнэ пшынэри нэгъуэщIхэм ямыщхьу Iут, икIи зыхуищIахэм я гум нэст. IэщIагъэлIым и дэтхэнэ IэдакъэщIэкIми и гур, и псэр хилъхьэт. Арагъэнт абы и пшынэхэр нэгъуэщIхэм щIамыщхьыр. Тобыл Мухьэрбий ищIа Дуней псом щоIу Хэку зауэшхуэм и зэманым нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм япэщIэта сэлэтхэм я къекIуэкIыкIар фIэгъэщIэгъуэнщ гудзакъэ зиIэ дэтхэнэми. Абыхэм ятеухуа хъыбархэм уи нэпс къемыкIуэу уащIэдэIуфынукъым. 1942 гъэм и жэпуэгъуэ (октябрь) мазэ. Мазэ зыбжанэ хъуауэ Къэрэшей - Черкесым и къуршылъэ щIыпIэхэр нэмыцэхэм яубыдауэ яIыгъщ. Псори зэхэкъутащ, хъызмэтхэр хэсэхэжащ, цIыхухэм я гукъыдэжыр еудыхащ. Шэгынымэр зыщIэт пщэдджыжьхэм ящыщ зым къурш гъуэгум ирикIуэт гупсысэ хьэлъэхэм хагъэщIа лIыжьыр зытес мэкъугур. Хъурзыгу щыщ лIыжь губзыгъэм - Бостанов Хьэзрэт и щхьэм щызэригъэзахуэт фронтым кIуа и къуажэгъухэм ятеухуа гупсысэ мыгурыфIыгъуэхэр. Псори зым хуэдэу фронтым кIуат, я Хэкур бийм щахъумэн папщIэ. Абыхэм яхэтт Хьэзрэт и къуэхэр, и къуэшхэм, и шыпхъухэм я бынхэр, езым илъагъуу къэхъуа гъунэгъу щIалэхэр. Къуажэм къыдэнэжар бзылъхугъэхэрат, лIыжь - фызыжь къарууншэхэмрэ сабийхэмрэт. Гупсысэ хьэлъэхэм хэмыкIыурэ Iуащхьэмахуэ лъахэр, еджапIэр къэзэраухым хуэдэу, тракторым итIысхьэти, балигъхэм зыкIи якIэ къэмыкIуэу совхозым и губгъуэхэм щылажьэт. - Дэ зыкIи дыщышынэтэкъым “жырышхэм” датесу Iуэху тщIэным. ТфIэгъэщIэгъуэну дгъэзащIэт жэуаплыгъэшхуэ зыпылъ а лэжьыгъэ хьэлъэр. IэнатIэр щIэщыгъуэу зэрыщытым дыдихьэхыурэ, Iуэхум нэхъри дытегушхуэт. Дэ пщэрылъ къытхуащIт сыт хуэдэ лэжьыгъэри: культивацэ, телъафэ тщIыт, гъавэр къетхьэлIэжт, нэгъуэщI куэдым иужь дихьэт. Ауэ Iуэхур сыт хуэдэу псэзэпыщIэгъуэу, хьэлъэу щымытми, сыт щыгъуи Къанщобий тщIыгъут. Ар адэм хуэдэу къытхущытт, псалъэ гуапэхэмкIэ ди гур игъэфIт, ди гукъыдэжыр къиIэтт, дызэрылэжьэну щIыкIэр къыдгуригъаIуэт, - игу къегъэкIыж комсомол механизированнэ звеном хэта, иджы Эркин - Юрт къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Баймурзовэ Мадинэ. Нэхъапэхуным звеном хэтащ хъыджэбзитху, къыкIэлъыкIуэ еджэгъуэ илъэсым икIэм иджыри хъыджэбзих къытхыхьэжащ. Кумуковэ Зухра звенопашэт, Керимовэ Жэнэтхъан, Алакаевэ Эмине, Еслемесовэ Марьям, Матакаевэ Шэидэт, Керимовэ Салимэ - ахэр губгъуэ тафэхэр япэу къэзыгъэIэрыхуахэм яхэтащ. Пщэдджыжь нэхущэм, дыгъэм и япэ бзийхэм щIыгъуу, Къанщобий унагъуэрыхьэу дызэхуишэст, губгъуэм дыдишын щхьэкIэ. Пщыхьэщхьэм дезэшауэ, ауэ дыарэзыуэ ди унэхэм декIуэлIэжт. ИтIани къафэхэми, пшыхьхэми дыкIуэн дыхущIыхьэт. Мыбдежми чэнджэщэгъурэ акъылэгъурэ къытхуэхъут ди ущиякIуэр. Ди щIалэгъуэр гукъыдэжкIэ гъэнщIат. Звеном дызэрыщылэжьар иужькIэ ди гъащIэм деж сэбэпышхуэ къытхуэхъужащ. Дэ дыщIыхьащ ищхьэ, курыт хэха еджапIэхэм, IэщIагъэ зэдгъэгъуэтащ. ГъащIэм щIыпIэ зэхуэмыдэхэм дыщызэбгридзащ, ауэ Курмагнулов Къанщобий гуащIэдэкIымрэ щIыгумрэ фIыуэ зэрыдигъэлъэгъуар игъащIэкIи дигу къинэжащ. Пщащэ трактористкэхэм я комсомол механизированнэ звеном теухуа хъыбарыр ди областым и гъунапкъэхэм зэпрыкIри, нэгъуэщI щIыпIэхэми щыIуащ. Ди хъыджэбз - “стахановкэхэм” я гъащIэ зэхэщIыкIыр яджын щхьэкIэ хьэщIэхэр къакIуэт, Ставрополь, Краснодар крайхэм, Ростов, Волгоград областхэм къикIыурэ. Уеблэмэ Америкэм и Штат Зэгуэтхэм хыхьэ Айовэ щIыналъэми къикIыу ныбжьыщIэхэр лъагъунлъагъу къытхуэкIуат. Абыхэм ятетхыхьащ газетхэр, телевиденэм къыщагъэлъэгъуащ. Пщащэхэр мызэ - мытIэу щытекIуащ социалистическэ зэхьэзэхуэхэм, абыхэм къыхуагъэфэщауэ щытащ Социалистическэ ЛэжьэкIэм и ЛIыхъужь Аргун Iэбубэчыр и цIэр зезыхьэ зэIэпах саугъэтыр, ВЛКСМ - м и Ставрополь крайкомымрэ Купсэ комитетымрэ я зэIэпах Бэракъ Плъыжьыр, ВЛКСМ - м и обкомым, крайкомым я щIыхь тхылъ бжыгъэншэр. Трактористкэ пщащэхэм пщIэншэу путевкэ къратри, нэгузыужь Чехословакием ягъэкIуауэ щытащ. Псоми къратащ “Молодой гвардеец пятилетки” бгъэхэIу нагъыщэр. Групкомсорг Керимовэ Жэнэтхъан ВЛКСМ - м и е 18 - нэ съездым, звено пашэ Батралиевэ Ларисэ е 19 - нэ съездым я делегату щытащ. Абы къыщIагъуу езым и уней трактори къратащ. ИкIи езы хъыджэбзхэм къызэраIуэтэжымкIэ, а ехъулIэныгъэшхуэм и хэлъхьэныгъэ Iыхьэ къыхуищIащ я гъэсакIуэ - ущиякIуэм. - Курмангулов КъанщоКъуэш ящIа сэлэтым ЦIыхури щIыгури фIыуэ илъагъуу Члисэр — ар блын закъуэхэракъым Псыжь къуажэм щыщ Тобыл Мухьэрбий Даут и къуэр сыт щыгъуи къалъытэт пшынэ щIыным хуэIэзэ дыдэу. Ар лэжьакIуэ унагъуэм къихъухьащ I949 гъэм и накъыгъэм (майм) и 23 - м. И адэ Даут пхъэм IэпщIэлъапщIэу елэжьти, Мухьэрбии сабий щIыкIэ абы дригъэхьэхащ. ЩIалэ цIыкIум гукIэ уэрэд жиIэ зэпытт, лъэпкъ макъамэхэр псом хуэмыдэу и щIасэт. Абы и адэ шыпхъу Люся фIы дыдэу пшынэ еуэт. Зэ ар Мухьэрбий къелъэIуащ и гъусэу Черкесск, пшынэщI Апарин Георгий и деж кIуэну. Бзылъхугъэр хуейт абы пшынэщIэ иригъэщIыну. Мис а хьэщIагъэм Тобылым и гъащIэр хуабжьу икIи гъазэ имыIэу зэрихъуэкIащ. Пшынэхэр зэрагъэхьэзырым дихьэхри, зэман щигъуэткIэ, Апариным и деж къыщыхутэ хъуащ. Модрей лIыми ныбжьыщIэм и гурыхуагъэмрэ Iуэхум зэрыдихьэхымрэ гу къылъитэри, макъамэмрэ пхъэмрэ зэрызэгуригъадэтхэнэ пшынэри лъысащ пшынауэ Iэзэм. Иджы абы и пшынэхэм я макъамэхэр здызэхэпхынур Къэрэшей - Черкес закъуэм дежкъым. Ахэр щоIу Тыркуми, Австралиеми, Иорданиеми, Голландиеми, Германиеми, Щамми (Сириеми)... Пшынэр щищIым абы къыдэIэпыкъуащ и щхьэгъусэ Фаризэт, и къуищыр - Мурат, Анзор, Аслъэн. Мы Iуэхум нэхъыбэу хилъэсащ нэхъыжь Мурат. ЦIыху IэпщIэлъапщIэм мащIэ - мащIэурэ абы хуиIуатэ хъуащ и IэщIагъэм и щэхухэр. Мухьэрбий и ныбжькIэ нэсу, пенсэм кIуа нэужь, и зэманыр зэрыщыту триухуащ фIыуэ илъагъу Iуэхум. И къыкIэлъыкIуэ заказыр игъэзэщIэн хуейт 2007 гъэм и бадзэуэгъуэм (июлым) и 25 – м ехъулIэу… Ауэ Мухьэрбий и гур къэувыIащ бадзэуэгъуэм (июлым) и 23 - м. Абы лъандэрэ илъэс 12 текIыжащ. Игъуэнэмысу дунейм ехыжа цIыху IэпщIэлъапщIэр псэужамэ, мы гъэм илъэс 70 ирикъунут. Абы и къару илъыгъуэт, пшынэщIэхэмкIэ цIыху Iэджи игъэгуфIэнут. Адэм и Iуэхур пещэ Мурат. Ар Псыжь къуажэ администрацэм и Iэтащхьэщ, и щхьэр къыхэмыщу Iуэхур и куэдщ. Арами, зэман къыхуегъуэт макъамэ дахэхэр къызэрыкI пшынэхэр щIыным. «ЦIыхур дунейм йохыж, ауэ абы и Iуэху дахэхэр щIылъэм къытонэ», - жеIэ абазэ псалъэжьым. Ди жагъуэ зэрыхъущи, Мухьэрбий къигъэщIар мащIэщ, ауэ абы и пшынэхэм я макъамэ жьгърухэр нобэр къыздэсым дунейм и щIыпIэ куэдым щоIу. 
390 просмотров


Комментарии

Написать
Комментарии >



Подписывайтесь на RIAKCHR в Одноклассниках Получайте свежие статьи и новые публикации на свой мобильный
Вступайте в сообщество RIAKCHR в “ВКонтакте” Получайте свежие статьи и новые публикации на свой мобильный
Вступайте в сообщество RIAKCHR в “Telegram” Получайте свежие статьи и новые публикации на свой мобильный