Актуально В КЧР продолжается модернизация инфраструктуры на селе в рамках программы «Комплексное развитие сельских территорий» Актуально В КЧР завершился региональный этап II Всероссийского фестиваля «Российская школьная весна» СКФО Винтовые сваи 133 мм — вариант для надежного фундамента СКФО Печать на толстовках: увлекательное путешествие в искусство печати на одежде СКФО Каждый должен отдохнуть в Пятигорске

БэнэкIэмкIэ Дунейпсо тхыдэр ехъуэж

11.08.2015 1196
БэнэкIэмкIэ Дунейпсо тхыдэр ехъуэж
билал махов и мурадин кушхов Алиев А. и фэеплъу хуиту бэнэнымкIэ гъэ къэскIи къызэрагъэпэщ хабзэ, Каспийск къалэм щекIуэкI къэралпсо зэхьэзэхуэм и мыгъэрей зэпеуэхэм я икIэ махуэу щытащ бадзэуэгъуэм (июлым) и 5-р. Мы махуэм утыкум щызэпэщIэтащ зи хьэлъагъыр килограмми 125-рэ хъу гупым деж финалым икIа, нобэкIэ дуней псом щыцIэрыIуэ ди лъэпкъэгъу, Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщалъхуа бэнакIуитI: щэнейрэ Дуней псом чемпионыцIэр, 2014 гъэм домбеякъыр къыщызылъэща, 2015 гъэм Урысейм и чемпион хъуа, Олимп Джэгухэм я призер Махуэ Билалрэ  (мы гъэм иужьрейуэ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ зыкъегъэлъагъуэ) 2014 гъэм Урысейм и чемпион хъуа, Дунейпсо, Къэралыбэ, Европей зэхьэзэхуэхэм я чемпион, призер Къущхьэ Мурадинрэ. ЗэпэщIэтыныгъэр иуха нэужь, текIуэныгъэр къэзыхьа, Iуэху зэхэщIыкI лъагэ зыбгъэдэлъ бэнакIуэм — Махуэ Билал зэпсэлъэныгъэ гъэщIэгъуэн драгъэкIуэкIащ, икIи ар  гъэкIэщIауэ фи пащхьэ идолъхьэ. — Мис, сеплъащ, Iэхуитлъэхуит бэнэкIэр сщыгъупщэжамэ! — щIодыхьэшхыкI Билал. — Пэжыр жысIэнщи, сыгугъакъым апхуэдэу къызэхъулIэну... Аращ атIэ, «мышечная память» жыхуаIэр! КъыспэщIэтар си лъакъуэм къыщIыхьэн щыщIидзэм, зэуэ сигу къэкIыжащ сызэрыбэнэн хуей Iэмалхэр. Финал ныкъуэм къыспэщIэта Мондзманашвили Давид хуабжьу ерыщу сыпэуват. АтIэ, абы и ягъэкIэ сэ илъэсищкIэ сыжеякъым, а бэнакIуэращ Олимп Джэгухэм дыщэ медалыр сIэщIэзыхар, си гугъапIэм сыхэзыгъэкIыжар… Арами, Мондзманашвили сыхурикъуауэ слъытэкъым. Ар щыслъытэнур Олимп Джэгухэм дежщ! Нобэ щыщIэдзауэ къалэнитI: IэхуитлъэхуитымкIи, алыдж-урымымкIи зыхузогъэувыж. Сыздэбанэ утыкур апхуэдизымкIэ фIыуэ зыхызощIэри, Дунейпсо чемпионатыр къэмыс щIыкIэ, иджыри зы старт алыдж –урымымкIэ сщIын си мурадщ. БэнэкIэ лIэужьыгъуитI зэдэсхьу! ТIумкIи сагъэувми — згъэщыпкъэжынущ! — Фэбжь зыгъуэта уи IэфракIэм мы гъэм куэдрэ къебгъэIэзащ… — IэфракIэм и Iуэхур фIыщ, зэхьэзэхуэм дежи «фIыуэ зищIащ». ЖыпIэнурамэ, Санкт-Петербург къалэм мы гъэм гъатхэпэм (мартым) алыдж-урым бэнэкIэмкIэ щекIуэкIа чемпионатым сызэрекIуэлIам нэхърэ, нобэ си щытыкIэр куэдкIэ нэхъыфIщ. Нобэ Iэхуитлъэхуит бэнэкIэм и хабзэщIэхэмкIэ убэнащ. Сыт хужыпIэн? — Ахэр сэ си хабзэщ! Мис иджы сыбэнэну лъэкIыныгъэ згъуэтащ! 2012 гъэм екIуэкIа Олимп Джэгухэм яужь хуиту бэнэнымкIэ хабзэхэм зэрахъуэжар — бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэм пщIэ хуэзыщIхэм яхуэгъэзащ. ХабзэщIэхэм лъэкIыныгъэ къыуат зеппщытыну, къомыхъулIамэ, иджыри зэ уи къару ипхыну, текIуэныгъэри зыIэрыбгъэхьэну! Ар куэдкIэ нэхъ гъэщIэгъуэнщ. Ауэ сытми ущытыныр, ерыщу уиувыкIыныр — мы хабзэхэм къехьэлIакъым, икIи апхуэдэу пщIэмэ, зыри къохъулIэнукъым. Е бэнэкIэ дахэ къэгъэлъагъуэ — е утыкум икI.. Сигу къэкIыжа зы Iуэхугъуэм фыщызгъэгъуэзэнщ. Тхьэмахуэ зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, хуиту бэнэнымкIэ Урысейм и командэ къыхэхам и видеооператор Аванян Григорий видеоклип къысхуригъэхьыжащ. Абы сеплъыжри, сигу къигъэкIыжащ 2009-2010 гъэхэм утыкум щызгъэхъар. Ахэр иджыри зэ бэнэныр фIыуэ зылъагъухэм ягу къэзгъэкIыжауэ аращ. Япэу ебгъэкIуэкIа зэпэщIэтыныгъэм хуабжьу бзаджагъэ къыщыбгъэлъэгъуащ… — Къысхуагъэгъуну солъэIу Мешвелдишвили Георгии, бэнэкIэ лIэужьыгъуэр фIыуэ зылъагъухэми, си япэ зэпэщIэтыныгъэр зэрезгъэкIам папщIэ. СыкъывгурыIуэну сыхуейщ: илъэсищ текIыжащи, мыр япэрейуэ хуиту бэнэнымкIэ утыкум сыкъихьэу аращ. Си гум куэд щыхъэт, псэр дэзыхьэх бэнэкIэ къэзгъэлъэгъуэнуи сыхуейт. — Дагъыстаным и командэ къыхэхам и гъэсакIуэ нэхъыжь Гайдаров Гайдар жиIащ тегъэчынауэ зомыгъэхьэзырамэ, мыпхуэдэу фIыуэ зыкъэбгъэлъэгъуэфыну зэрыщымытар. — СщIэкъым. БэнакIуэ утыкум симыхьами, спортымкIэ зызгъэсакъэ?! Къэбэрдей-Балъкъэрым деж Маккаев Махти деж си Iэпкълъэпкъым и лъэщакъым хэзгъэхъуащ. Нобэрей си зыкъэгъэлъэгъуэныгъэр — эксперименту аращ. Штангэ къэIэтыным иужь бэнэкIэ утыкум сызэрыщыбэнэфым сеплъащ. Зэм зэми боужэгъу узыпэрытыр, апщыгъуэм дежи нэгъуэщI IуэхукIэ утеплъэкъукIыпхъэщ. Нобэ сеплъащ утыкум апхуэдизрэ сыщымыбэнауэ схузэфIэкIынум. Абы сэркIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ, икIи дерс къыхэсхащ. КъызгурыIуар зыщ: илъэс бжыгъэ текIами бэнакIуэ утыкур зыхызощIэ. Нэхъыщхьэр аращи — сыхуейщ сыбэнэну, адрейхэр — «мышечнэ память» жыхуаIэрщ (щIодыхьэшхыкI). Мы зэхьэзэхуэм хуабжьу си гукъыдэжыр, си псэм и щытыкIэр къиIэтащ, сегупсысакъым зы балл зыгуэрым сфIихьынуми, текIуэныгъэр сIэщIахынуми. Лъэужь пщытырым урикIуэжу зэбгъэпщэфыну Iэхуитлъэхуит, алыдж-урым бэнэкIэхэм нэхъ гугъур? — Си зыкъэгъэлъэгъуэныгъэхэмкIэ сэ схъумэр классикхэм я хьэлэмтращ. Куэдым жаIэт, «Махуэ Билал куэдрэ утыкум имытауэ къыщигъэзэжым, классическэ бэнэкIэм зритащ, ар зэрынэхъ тыншым къыхэкIыу» жэуэ. Мы бэнэкIэ лIэужьыгъуитIыр зэбгъапщэ хъунукъым. НэхъыкIэжыр, сыт хуэдэр нэхъ хьэлъэ е псынщIэ жыпIэнращ. Ар спортсменыращ зэлъытар — сэ тIумкIи зыкъызогъэлъэгъуэф. ТIумкIи ехъулIэныгъэ лъагэхэр зыIэрызогъэхьэф (къысхуэвгъэхъунщ, тIэкIу сыдэпсэлъейми). Ущыбанэм, лъакъуэм узэрыщIыхьэн хуейр пщыгъупщэжа хуэдэти… — Хьэуэ, ахэр тыншу сщIауэ къысщохъу. Сэ нэхъыщхьэу телъхьэпIэ сщIыр бэнэкIэ Iэмалхэрат (лIэужьыгъуитIми яхуэгъэзахэр). Лъакъуэм ущIыхьэныр — ар Iэщэ нэхъыщхьэкъым. МазиплI я зэхуакуу зэпеуэхэм бэнэкIэ лIэужьыгъуитIкIэ зыкъыщыбгъэлъэгъуащ. МахуиплI я зэхуакуу ар дыдэр пхуэщIэфынут? — ГъэсакIуэхэр абы арэзы техъуэмэ, Тхьэшхуэм и дэIэпыкъуныгъэ хэлъу, сэ сыкъикIуэтынукъым! Ауэ ар сэ къызэлъытакъым. Арами, сыхуейщ яцIыхуну — апхуэдэм сыхуэхьэзырщ! Сытым зыхуэбгъэхьэзырыну иджы? — Классикхэм я сборхэм сыкIуэнущ. ИужькIэ, алыдж-урым бэнэкIэмкIэ Польшэ къэралым щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм, дауи, зыхуэдгъэхьэзырыну къыщIэкIынщ. — Урысейм хуиту бэнэнымкIэ и командэ къыхэхам и гъэсакIуэ нэхъыщхьэ, уи гъэсакIуэ  Гусейнов Мыхьэмэт къолъэIуу, хуиту бэнэнымкIэ Дунейпсо чемпионатым хэтынухэр здагъэбелджылыну зэхьэзэхуэм Гацалов Хьэжмурат щIыгъуу укIуэнт? — НобэкIэ си къалэн нэхъыщхьэр зыхуэунэтIар алыдж-урым бэнэкIэращ.  Пэжыр жысIэнщи, мы упщIэм и жэуапыр сэркIэ хьэлъэщ. Ауэ, си гугъэмкIэ, сэ гъэсакIуэхэм язгъэлъэгъуа хуэдэу къысщохъу классикхэм задэзгъасэми, хуиту бэнэнымкIэ утыкум ехъулIэныгъэ хэлъу зыкъызэрыщызгъэлъэгъуэфынур, Iэхуитлъэхуит бэнакIуэхэм сахэту зызгъасэми, классическэ бэнэкIэмкIи ехъулIэныгъэ зэрызиIэнур. Мы IуэхумкIэ, къыхэсхыну бэнэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ унафэр къызыбгъэдэкIынур Муртазалиев Сэхьидщ. Абы и дэIэпыкъуныгъэ хэлъу сэ сыхуэхьэзырщ хуиту бэнэнымкIи, алыдж-урымымкIи зыкъэзгъэлъэгъуэну, уеблэмэ бэнэкIэ лIэужьыгъуэщIэ зезгъэсэну! — Билал, бэнэкIэмкIэ Дунейпсо тхыдэр зэрызэпхъуэкIыр къыбгурыIуэу прэ? — Iуэхуншэу зэман куэд сиIэщи, сэбэп къэсхьу ар къызэрызгъэсэбэпынум сыхущIокъу. Источник: riakchr.ru
1196 просмотров


Комментарии

Написать
Комментарии >



Подписывайтесь на RIAKCHR в Одноклассниках Получайте свежие статьи и новые публикации на свой мобильный
Вступайте в сообщество RIAKCHR в “ВКонтакте” Получайте свежие статьи и новые публикации на свой мобильный
Вступайте в сообщество RIAKCHR в “Telegram” Получайте свежие статьи и новые публикации на свой мобильный