Актуально В КЧР прошла конференция к 90-летию Юрия Калмыкова с участием делегации из Турции Актуально В столице КЧР подвели итоги и наградили отличившихся участников месяца патриотической, спортивной и оборонно-массовой работы Актуально Ярмарка вакансий для особенных соискателей прошла в КЧР Актуально В КЧР состоялся форум онкологов СКФО СКФО Ставропольские врачи удалили с головы пациента гигантскую опухоль

Адыгэ уэрэдыжьым и жьэгум

28.01.2015 1419
Адыгэ уэрэдыжьым и жьэгум
адыгМы махуэхэм адыгэ щIалэгъуалэм пшыхь гъэщIэгъуэн иригъэкIуэкIащ. Ар траухуащ пасэрей адыгэ макъамэхэм, уэрэдыжьхэм. Пшыхьым и утыр ягъэдэхащ пшынауэ, шыкIэпшынауэ, Iэпэпшынауэ, фэтэрпIауэ Iэзэхэм, уэрэджыIэхэм. Iуэхугъуэр екIуэкIащ адыгэ лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ пасэрей хабзэжьым — хьэщIэщым тету. Пшыхьым къеблэгъащ лъэпкъым и нэхъыжьыфIхэр, Адыгэ Хасэм къыбгъэдэкIахэр. Апхуэдэу, зэхуэсым хэтащ КъЧР-м къыбгъэдэкIыу УФ-м и Федеральнэ ЗэIущIэм ФедерацэмкIэ и Советым хэт сенатор Дер Вячеслав и дэIэпыкъуэгъу Аслъэн Алий, «Адыгэ Хасэ – Черкесский Парламент» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и хасащхьэм хэт, ДАХ-м и лIыкIуэ, «Хэкужь» псапащIэ фондым и тхьэмадэ Адэмокъуэ Елбэрд, Урысейм щыпсэу адыгэхэм я лъэпкъ-щэнхабзэ автономием и тхьэмадэ Уэхъутэ Александр, «Адыгэ Хасэ – Черкесский Парламент» жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэт Балъкъэр Анатолэ, нэгъуэщIхэри. Пшыхьым и къалэн нэхъыщхьэу щытащ адыгэ щIалэгъуалэр адэжьхэм къащIэна щэнхабзэ дахэм, псом хуэмыдэу, уэрэдыжьхэм пэгъунэгъу хуэщIыныр. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абыхэм IупщIу къыхощыж лъэпкъым и тхыдэр, и дуней еплъыкIэр, и гупсысэкIэр. Уэрэдыжьым бзэр нэхъ къута ещI, пасэрей псалъэхэр уигу къегъэкIыж. ЖыIэпхъэщ, зэIущIэр къызэзыгъэпэща, лъэныкъуэ куэдым епха щIалэгъуалэр адыгэ уэрэдыжьхэм яхьэлIа гупсысэм зэрызэришэлIар. Къапщтэмэ, лъэпкъ щэнхабзэр зымыгъэкIуэдыным хущIэкъу щIалэгъуалэм къахыхьэнкIэ хуитщ адыгэм и гъуазджэр зыфIэфI, абы пщIэ хуэзыщI дэтхэнэри. «ХьэщIэщым» къеблэгъахэр япэ щIыкIэ ирагъэплъащ Адыгэ Республикэм и телевидением триха «Песни у очага» нэтыным. Абы хьэщIэхэри къызэгъэпэщакIуэхэри хишащ пасэрей дунейм. Нэтыным къегъэлъагъуэ пасэрей адыгэхэм зэхуэсурэ уэрэдыжьхэр, хъыбарыжьхэр жаIэу, яIуатэу, апхуэдэ зэIущIэхэм лъэпкъым и гупсысэр ипсыхьу зэрыщытар. Мыбдеж къыщыгъэлъэгъуащ уэрэд зыхуаусу щытахэр, абыхэм я лIэужьыгъуэхэр. Дауи, уэрэдыжь и гугъу щыпщIкIэ, гулъытэншэу къэбгъанэ хъунукъым Къардэнгъущ Зырамыку. А лIы цIэрыIуэм теухуа теплъэгъуэ кIэщIи утыкум кърахьащ. АдэкIэ щIалэгъуалэм къыхагъэщащ я цIэхэр адыгэ Iэмэпсымэхэм елэжь IэщIагъэлIхэу Еуаз Зуберрэ Ашыбокъуэ Азэмэтрэ. Пшыхьым и утыр ягъэдэхащ цIэрыуэ хъуагъэхэ артистхэмрэ гъуазджэм я япэ лъэбакъуэхэр хэзышэ ныбжьыщIэхэмрэ. Ауэ ахэр зы гупсысэм зэпищIащ – лъэпкъ IуэрыIуатэм, гъуазджэм хуаэ гупсысэм, фIылъагъуныгъэм. Уэрэдыжьхэмрэ макъамэхэмрэ зэхуэсахэр щIагъэдэIуащ продюсер купсэ зиIэ, артист цIэрыIуэ КIытIэ Тимур (Chitiko), Ливан къэралым къикIыжа адыгэ щIалэ, «Эльбрус» къэфакIуэ гупым и пшынауэ Бланэгъэпс Нарт, пшынауэ цIэрыуэ Чырбыж Зулетэ, ГъукIэ Зэмудин и гъэсэн, шыкIэпшынауэ Гъуэщокъуэ СулътIан, фэтэрпIым, пхъэтаркъым, къафэм, ежьум хуэIэзэ Щауэжь Артур, Iэпэпшынэм, гитарэм хуэIэзэ Аслъэн Аслъэн, Хьэбэз къуажэм и езанэ курыт еджапIэм деж пшынэм хуеджэ сабий гупым. Иужьрейхэр Хьэмдэхъу Абчар и гъэсэнхэщ. УэрэджыIэхэу къеблэгъащ Пхъэш Азэмэт, Шыбзыхъуэ Эммэ (Эмма Синд), Мамхэгъ Каринэ сымэ. УсакIуэ цIэрыуэ, зи тхыгъэхэр макъамэм щIалъхьэ щIалэ зэчиифIэ Чэнджауэ Артур и усэхэм я зым къеджащ. Артистхэмрэ хьэщIэхэмрэ уэрэдхэр зэдыжаIащ, мъакамэ кърагъэкIахэм жьыу щIэтащ. Ар къызыхэкIар пшыхьым къеблэгъа дэтхэнэ зыри лъэпкъым и щэнхабзэр зэрыфIэфIращ, абы фIылъагъуныгъэ хуиIэу зэрыщытращ. Къыхэгъэщыпхъэщ, нобэкIэ щIалэгъуалэм пасэрей лъэпкъ Iэмэпсымэхэм, IуэрыIуатэм, щэнхабзэм зэрызыхуигъэзэжыр. Ар и нэщэнэщ лъэпкъым и гупсысэр нэхъ куу, нэхъ жыжьаплъэ зэрыхъуар. И блэкIам пхырыплъыжу нэхъыфIу хэлъыр къхэзыхыф лъэпкъращ Дунейгъэдахэ хъур. Ар зигурэ зипсэрэ къабзэу мурад зыщIа гупым къыдэхъункIэрэ догугъэ. Пшыхьым кърикIуа гупсысэхэмкIэ къыддэгуэшащ КIытIэ Тимур. - Мыпхуэдэ щIыкIэм тет зэIущэхэр хуабжьу сфэфIщ сэ, уэрэдхэмрэ мъакамэхэмрэ фонограмэншэу щыбгъэзащIэкIэ абы едаIуэхэми уэри уи гум нэхъ нос, уи псэм нэхъ зыхещIэ. Пасэрей макъамэхэм илъэси 10 хуэдиз хъуауэ садолажьэ. Кавказым и макъамэхэм я архивыр гъунэншэщ. Ауэ Iуэрыуатэм хыхьэ уэрэдхэр, макъамэхэр цIыхубэм зэрынагъэсым, нэхъ хэIуа зэращIыным телажьэр закъуэ-тIакъуэхэщ. Псалъэм папщIэ, европэм и фолкым куэдыр йодауэ, ауэ абдежи кельт макъамэхэр нэхъ цIэрыIуэщ, сыту жыпIэмэ, ар хэIущIыIу ящIын яхузэфIэкIащ, – жиIащ КIытIэ Тимур. Пшыхьым и кIэух хъуащ адыгэ хабзэм тету екIуэкIа джэгур. Уэхъутэ Александр зи тхьэмадэ автономием къыбгъэдэкIыу артистхэм щIыхь тхылъхэр яхуигъэфэщащ. ЩIалэгъуалэм псалъэ гуапэкэ зыхуагъхэзэщащ нэхъыжьхэм. Абыхэм ящыщщ Аслъэн Алии. - Нобэ едгъэкIуэкI Iуэхур фIы дыдэщ.нобэрей пшыхьыр концерткъым, атIэ псори дызэхэсу, хъыбарыжьхэр жытIэжу, уэрэдыжьхэм дежьууэ дызэбгъэдэсщ. Нобэ щIалэгъуалэм шыкIэпшынэр, Iэпэпшынэр къищтэжауэ зэригъэIэрыхуэм папщIэ сэ хуабжьу согуфIэ, – жиIащ Аслъэн Алий. ЩIалэгъуалэм зэригъэпэща пшыхьыр япэу екIуэкIащ. ДяпэкIи, апхуэдэ пшыхьхэр, зэхэсхэр зэхаублэн я мурадщ ныбжьыщIэхэм. Источник: riakchr.ru
1419 просмотров

Читайте также



Комментарии

Написать
Комментарии >



Подписывайтесь на RIAKCHR в Одноклассниках Получайте свежие статьи и новые публикации на свой мобильный
Вступайте в сообщество RIAKCHR в “ВКонтакте” Получайте свежие статьи и новые публикации на свой мобильный
Вступайте в сообщество RIAKCHR в “Telegram” Получайте свежие статьи и новые публикации на свой мобильный