Гъатхэпэм (мартым) и 24-м республикэм псэупIэкоммунальнэ хъызмэтымрэ бытовой хуэIухуэщIэхэмрэ я лэжьакIуэхэм ягъэлъэпIащ я IэщIагъэ махуэщIыр.
А къудамэхэм илъэс куэдкIэ щылэжьахэм, зи гуащIэдэкIкIэ щапхъэгъэлъагъуэхэм КъЧР-м и Правительствэм и Унэм деж я цIэ щраIуащ, я ехъулIэныгъэхэр КъЧР-м и Правительствэм, ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым), промышленностымрэ сатумрэкIэ Министерствэм къабгъэдэкIа ЩIыхь тхылъхэмкIэ къыхагъэщащ.
ЗэIущIэм хэтахэм, къудамэм и ветеранхэм хъуэхъу, фIыщIэ псалъэхэмкIэ зыхуагъэзащ КъЧР-м промышленностымрэ сатумрэкIэ и министрым и къуэдзэ Катчиев Руслан, республикэм и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и депутат Дзыуэ Заур сымэ. Къэпсэлъахэм къыхагъэщащ мы къудамэм и лэжьакIуэхэм я гуащIэм ди гъащIэр, ди гукъыдэжыр, ди псэукIэр куэдкIэ зэрепхар, абы къыхэкIыу жэуаплыгъэ лъагэ зэрахьыр. Езыхэми узыншагъэ быдэ, ехъулIэныгъэ, унагъуэ насыпрэ зэIузэпэщыныгъэрэ ящымыщIэну яхъуэхъуащ.
Комментарии