СКФО Преимущества покупки пластиковой сетки у OPT Relation СКФО 1. Технические характеристики, сертификация продукции и регистрация технических характеристик СКФО В республиках СКФО на 61% вырос спрос на образование с господдержкой СКФО В Ставрополе состоится общегородская зарядка   СКФО Дагестан создаст аналог зарубежных курортов

Я гъащIэр – щIэблэм я щапхъэ пащхьэщ

15.05.2015 882
Я гъащIэр – щIэблэм я щапхъэ пащхьэщ
Изображение 023Бэвыкъуэ къуажэм и курыт еджапIэм къыщызэIуахащ Хэку зауэшхуэм хэта къуажэдэсхэм, егъэджакIуэхэм, гъэсакIуэхэм я фэеплъ пхъэбгъу. Я цIэр ину ираIуэу, я гъащIэ щапхъэр щIэблэм я пащхьэ щапхъэу ягъэлъагъуэу, пхъэбгъум я цIэр дыщэпскIэ тратхащ нобэ къахэмытыжми, фэеплъ махуэу къахуэна нэхъыжьыфIхэу Шорэ Мухьэдин, Астэжьхэ Жэхьфэррэ Алийрэ, Корунов Яков сымэ. Iуэхугъуэм теухуа пэкIум къекIуэлIащ Хьэбэз районым и администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Магометов Ренат, районым и егъэджэныгъэ къудамэм и унафэщI Сэкий Сэрэтэ, Бэвыкъуэ къуажэм и Iэтащхьэ Хъубий Азэмэт сымэ, къуажэдэс нэхъыжьыфIхэр, зи фэеплъ ягъэлъапIэхэм я Iыхьлыхэр, егъэджакIуэхэр, сабийхэр. Къызэхуэсахэм я пащхьэ къыщытепсэлъыхьахэщ зи цIэ утыкум фэеплъкIэ щраIуэ нэхъыжьыфIхэм я гъащIэм и къекIуэкIыкIам. Дэтхэнэри зауэм нэгъэсауэ хэтащ, медалхэр, орденхэр къыхуагъэфэщащ. Шорэ Мухьэдин Орел къалэм дэт военнэ еджапIэр къиуха и ужь, танкым ису 150-нэ корпусым хэтащ, Курск деж зэхэуэ гуащIэ екIуэкIахэм, Киев къэзыщтахэм, Днепр зэпрысыкIахэм яхэтащ. Е 1-нэ нагъыщэр зиIэ Хэку зауэшхуэм и орденыр, «Гуеягъэм папщIэ» медалыр, нэгъуэщIхэр къыхуагъэфэщащ. Абы къыщымынэу, егъэджэныгъэм илъэс 45-кIэ хуэлэжьащ. И фэеплъыр здагъэлъапIэ еджапIэм и унафэщIу щытащ. 2003 гъэм дунейм ехыжащ. Астэжь Жэхьфэр 197-нэ бгырыс – стрелковэ дивизием хэтащ, Ищхъэрэ Кавказым, Псыжь псыхъуэм, Керчь, Кърым, Севастополь, Моравскэ хытIыгухэм, Карпатым, Чехословакием щызэуащ. И лIыгъэм  къыпэкIуэу, къыхуагъэфэщащ Вагъуэ Плъыжьым и орденыр, е 3-нэ, е 2-нэ нагъыщэ зезыхьэ «Орден Славы»-р,  «Гуеягъэм папщIэ» медалыр, нэгъуэщIхэри. Зауэ нэужьым илъэс 33-кIэ егъэджэныгъэм гуащIэ хуигъэтIылъащ, егъэджакIуэуи, завучуи щытащ. 1978 гъэм дунейм ехыжащ. Астэжь Алий е 1-нэ, е 2-нэ Украин фронтхэм, Ищхъэрэ Кавказ фронтым щызэуащ. Е 2-нэ нагъыщэр зиIэ Хэку зауэшхуэм и орденыр, «Гуеягъэм папщIэ» медалыр, нэгъуэщIхэри къыхуагъэфэщащ. Педагогикэ гуащIэдэкIым и ветеранщ, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и егъэджакIуэщ. Егъэджэныгъэм илъэс 40-кIэ хуэлэжьащ. 2006 гъэм дунейм ехыжащ. Корунов Яков е 1-нэ, е 2-нэ Украин фронтхэм, Ищхъэрэ Кавказ фронтым щызэуащ. И лIыгъэм хуэфэщэн нагъыщэ куэд къыхуагъэфэщащ. Педагогикэ гуащIэдэкIым и ветеранщ, илъэс 50-кIэ егъэджэныгъэ къудамэм хуэлэжьащ. 1996 гъэм дунейм ехыжащ. Пэублэ псалъэкIэ пэкIур къызэIуихащ Бэвыкъуэ къуажэм и Iэтащхьэ Хъубий Азэмэт. Ар къызэхуэсахэм къахуеджащ фэеплъ пхъуэбгъур къызэIухыным ехьэлIа унафэм, икIи игъэбелджылащ апхуэдэ цIыху пажэхэм я фIыщIэр фэеплъ махуэу зэрыщытыр, ар нэгъэсауэ щIэблэм зэрызэрахьапхъэр. Иужьым псалъэр иратащ Магометов Ренат. Абы къызэхуэсахэм фIэхъус гуапэ ярихащ Хьэбэз районым и администрацэм и Iэтащхьэ Арэшыкъуэ РэIуф къыбгъэдэкIыу, икIи яхъуэхъуащ  фIыщIэ Iуэху кърахьэжьамкIэ. -  Мы Iуэхум зи хьэрычэт, мылъку, гуащIэ Iыхьэ хэзылъхьа дэтхэнэми фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейщ. Нобэ зи фэеплъ дгъэлъапIэхэм нэгъэсауэ яхуэфащэщ икIи я гъащIэ IыхьэкIэ къалэжьыжащ пщIэрэ щIыхьрэ. Абы къыдэкIуэу, мы махуэхэм дгъэлъэпIэну ТекIуэныгъэм и махуэшхуэмкIэ сывэхъуэхъуну сыхуейщ. Тхьэм мамырыгъэрэ гъащIэ зэпIэзэрытрэ фыщимыгъащIэкIэ,- жиIащ Магометов Ренат. Фэеплъ пхъэбгъур къызэIуахыну хуагъэфэщащ Шорэ Анатолий, Астэжь Чашиф, Магометов Ренат сымэ. Иужьым псалъэ иратащ егъэджэныгъэмкIэ Хьэбэз районым и къудамэм и унафэщI Сэкий Сэрэтэ. - Фэеплъ пхъэбгъу къызэIутхкIэрэ, дэ я фэеплъ догъэлъапIэ зи гъащIэр сабийхэм, егъэджэныгъэм, Хэкум хуэзыгъэтIылъахэм. ЕгъэджакIуэм и лэжьыгъэм мыхьэнэуэ иIэр уасэншэщ, сыту жыпIэмэ аращ зэлъытар Хэкум и къэкIуэну махуэр зэрыхъунур. Нобэ сабийхэм, ныбжьыщIэхэм захуэзгъазэу, яжесIэну сыхуейщ: зыщывмыгъэгъупщэ зэгуэрэми фи мамыр гъащIэр, дунейр, псэукIэ зэIузэпэщыр фиIэн папщIэ, нэхъыжьхэм уасэшхуэ щIатар. Езы нэхъыжьхэми гъащIэ кIыхькIэ сохъуэхъу, щIэблэм я гъуэгу гъэлъагъуэу куэдрэ фащхьэщигъэт,- жиIащ Сэкий Сэрэтэ. ПэкIум къыщыпсэлъахэщ Жылэшх Къэдэгъазэ, Шорэ Мурид, Астэжь Мухьэрбий, Шорэ Юрэ, Даур Жэхьфэр сымэ. Иужьым, еджапIэм и унафэщI Абдокъуэ Рабихьэт псалъэр ищтэри, фIыщIэ яхуищIащ пэкIум къекIуэлIахэм, зи цIэр ираIуа нэхъыжьыфIхэм я фэеплъыр къадэзыгъэлъэпIахэм. ПэкIур иуха нэужь, къызэхуэсахэм удз гъэгъахэр хуагъэтIылъащ фэеплъ пхъэбгъум.
882 просмотров

Читайте также



Комментарии

Написать
Комментарии >



Подписывайтесь на RIAKCHR в Одноклассниках Получайте свежие статьи и новые публикации на свой мобильный
Вступайте в сообщество RIAKCHR в “ВКонтакте” Получайте свежие статьи и новые публикации на свой мобильный
Вступайте в сообщество RIAKCHR в “Telegram” Получайте свежие статьи и новые публикации на свой мобильный