УФ-м и Къэрал Думэм и тхьэмадэ IэнатIэр Володин Вячеслав зэрыхуагъэфэщам и щIыхькIэ, КъЧР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид хъуэхъу тхыгъэ къыбгъэдэкIащ.
«Къэрал Думэм и депутатхэр фи кандидатурэм арэзы зэрытехъуам къегъэлъагъуэ вбгъэдэлъ IэпщIэлъапщIагъыр, Урысейм фызэрыхуэпэжыр, Iуэху зэхэщIыкI ин зэрывбгъэдэлъыр, зыхуэвгъэувыж къалэнхэр нэгъэсауэ зэрывгъэзэщIэфыр.
Си фIэщ мэхъу, фызыпэрыува IэнатIэм зэрыхэфщIыкIыр, жэуаплыгъэ ин фхэлъу фи Iуэхум фызэрыбгъэдыхьэр сэбэп зэрыхуэхъунур Урысейм и Парламентым и ищIагъ палатэм и лэжьыгъэр купщIафIэу игъэзэщIэнымкIэ.
Сывохъуэхъу узыншагъэ быдэ фиIэну, зэIузэпэщыныгъэмрэ насыпымрэ фыщымыщIэу, дяпэкIи ехъулIэныгъэ зыIэрывгъэхьэу Хэкум и хьэлэмэтхэр хъумэным фыхуэлэжьэну!» — итщ Темрезов Рэшид къыбгъэдэкIа хъуэхъум
Комментарии