Мы мазэм Мейкъуапэ къалэм щекIуэкIащ «Адыгэ Республикэм и вагъуэ цIыкIу» зыфIаща лъэпкъыбэ зэхьэзэхуэ-фестивалыр. Абы щызэхуэсащ Урысейм и мызакъуэу, хамэ къэрал куэдым щыщ къэфакIуэ, уэрэджыIэ, лъэпкъ мэкъамэхэр зыгъэзащIэ сабий, ныбжьыщIэ гупхэр. Къэрэшей-Черкес Республикэм и Хьэбэз районым къыбгъэдэкIыу, зэхьэзэхуэм хэтащ Хьэгъундыкъуей къуажэм и «Сэтэней» сабий къэфакIуэ гупымрэ Хьэбэз къуажэм дэт музыкальнэ еджапIэм мэкъамэ зыгъэзащIэ и «Мэкъамэ» ансамблымрэ. ЛIымаху Анатолийрэ Хьэмдэхъу Абчаррэ я пашэу, гупитIым нэгъэсауэ зыкъыщагъэлъэгъуащ зэхьэзэхуэм, районым и щэнхабзэ къудамэми и цIэр нэгъэсауэ жрагъыIащ. Зэхьэзэхуэм къриубыдэу, къэфакIуэ гупу хэтам я деж «Сэтэней» гупым етIуанэ увыпIэр къихьащ, мэкъамэр зыгъэзащIэ ансамблхэм я деж «Мэкъамэ» гупым япэ увыпIэр къалъэщащ. «Сэтэней» гупым зэхьэзэхуэм щагъэзэщIащ «ЩIалэгъуалэ гуфIэгъуэ къафэ»зи фIэщыгъэцIэр. Ар адыгэ къафэхэм япкъ иту ЛIымаху Анатолий зэхигъэува къэфэкIэ гъэщIэгъуэнщ. Къызэхуэсахэм яфIэгъэщIэгъуэн хъуащ бэракъхэр яIыгъу сабий къэфахэр, иужьым абыхэм я курыкупсэм къыдэкIыу, хьэщIэхэм бгъэдахьа ерыскъы Iэнэр. Сабийхэм я къэфэкIэр ягу ирихьри, зэхьэзэхуэм и ужьым къызэрагъэпэща концертышхуэми ирагъэблэгъащ. Абдеж Анатолий и гъэсэнхэм«Удж» къыщащIащ. «Мэкъамэ» гупращи, узыфIэмыкIыжыну нэгъэсауэ, зэкIужу, удихьэхыу загъэлъэгъуащ. ЯгъэзэщIа адыгэ мэкъамэхэмкIэ къыдахьэхащ къызэхуэсахэри, хеящIэхэри, зэхьэзэхуэм екIуэлIахэри. Аращ шэчыншэу япэу увыпIэр къыщIыхуагъэфэщари. Абы къыщымынэу, къызэгъэпэщакIуэхэм иужьрей махуэхэм куэду зрагъэплъыхьащ сабийхэм, Iэнэ зэщIэузэдакIи ягъэхьэщIэжащ. Сытми, я пщэрылъхэр нэгъэсауэ зэфIахкIэрэ, хьэщIэ къекIуэлIахэми я щытхъу къалъэщащ. - «Сэтэней» къэфакIуэ гупыр къэсщтэнщи, хуабжьу зыкъытщIигъэкъуащ жыпс заводым и унафэщI Аргун Олег. Мы щIалэм апхуэдизкIэ ди хьэтыр къелъагъури, хуэдмыгъэфэща фIыщIэ псалъэ хужытIэну дгъуэтыжкъым. Сыт и IуэхукIэ дыбгъэдэмыхьами, и пщэ дыфIихын папщIэ дэIэпыкъуныгъэ гуэрэкIэ къытхуэмыупсэу, нэгъэсауэ къыддоIэпыкъу. Мы далэми, сабийхэр здэпсэунумрэ яшхынумрэ къыщыщIэдзауэ, зэрыкIуэну автобусыщIэм щыщIэкIыжу, ди пащхьэ кърилъхьащ. Пэжщ, фIыщIэ яхуэфащэщ адэ-анэхэми. Сыту жыпIэмэ, етIуанэ автобусым техуэнур, нэгъуэщI къэтщэхуну сытхэр абыхэми зэхадзащ. АбыкIэ фIыщIэ яхузощI. Арами, абы зыхуащIэр я бынщ. Олег зыхуищIэр и лъэпкъщ. Уеблэмэ езы къызэгъэпэщакIуэхэм ягъэщIэгъуащ апхуэдэу нэгъэсауэ зыкъытщIэзыгъакъуэ хыхьэхэкIырылажьэ зэрыдиIэр. ИкIи фIыщIэ тхылъ щхьэхуэ къыдатащ: «Мыр апхуэдизу къывдэIэпыкъуа щIалэм тхуефтыж» жаIэри. Тхьэм фIыгъэу къритыж и хьэлэлагъыр. Мылъкуу къыпыкIыр псапэу къылъигъэсыж. Уэлей сыт и IуэхукIи дыхуэарэзыкIэ, Тхьэр арэзы къыхухъу, - жиIащ ЛIымаху Анатолий. «Сэтэней»-м и цIэр щхьэхуэу щIраIуам и щхьэусыгъуэщ къэфакIуэхэм я фащи, пасэрей уэрэд къигъэкIыкIэри, къафэхэри зэтехуэу зэрыщытым папщIэ. Сыту жыпIэмэ, мы зэманым щыIэ къэфакIуэ гупхэм нэхъыбэу къагъэсэбэпыр электроннэ жыIэкIэщ, я мэкъамэхэри зэманым декIуу хэлэжьыхьауэ щытщ. Абыхэм еплъытмэ, «Сэтэней» къэфакIуэ гупым сыт щыгъуи щIыгъущ пшынауэ Iэзэхэр, пхъэцIычауэ – бэрэбанауэхэр. Ари и зы щхьэусыгъуэу, къэфакIуэхэр утыкум ихьэху я цIэр нэхъ гъэбелджылауэ ираIуэу щытащ. А псом къыщымынэу, къыхэгъэщыпхъэщ Анатолий и пхъурылъху Жантемыр Динур цIыкIуми и цIэр щхьэхуэ къызэрыраIуар, фIыщIэ саугъэти къызэрыратар. Ар зэхьэзэхуэм къекIуэлIахэм ныбжьыкIэ нэхъыщIэ дыдэу, и ныбжьым елъытауэ къэфакIуэ зэчий мыармухэр къызыкъуихауэ къалъытащ. Дауэ щымытми, «Адыгэ Республикэм и вагъуэ цIыкIу» зэхьэзэхуэм нэгъэсауэ щылыдащ Хьэбэз районым и щэнхабзэ къудамэм и купситIыр – «Мэкъамэ» гупымрэ «Сэтэней»-мрэ. Тхьэм адэкIи иригъэфIакIуэ! Предыдущая новость 830 просмотров Следующая новость Читайте также Хэт ар къывжезыIар фэ, адыгэр дыкIуэдыжыну? 25.09.2015 838 Японием и нагъыщэ лъапIэ 11.08.2015 449 Получайте свежие новости на электронную почту Подписаться Комментарии Написать
Комментарии