Мы махуэхэм Iэхуитлъэхуит бэнэкIэмкIэ Польшэ къэралым хыхьэ Спалэ къалэм щекIуэкIа Къэралыбэ зэхьэзэхуэм, дауи, адыгэхэр, спортыр зи Iэпэгъухэр кIэлъыплъащ. АтIэ, мыбдеж щекIуэкIа, «Мемориал Циолковского» фIэщыгъэцIэр зиIэ зэпеуэм зыкъыщигъэлъэгъуащ дызэрыгушхуэ бэнакIуэ лъэрыхьым, щэнейрэ Дуней псом чемпион щыхъуа Махуэ Билал.
Билал яхэтащ зи хьэлъагъыр килограмми 125-рэ хъу гупым. Финал ныкъуэм адыгэ бэнакIуэ лъэрыхьым текIуэныгъэр къыIэщIихащ Олимп чемпион, Дуней псом тхуэнейрэ чемпионыцIэр къыщызылъэща Гацалов Хьэжмурат. Билал Гацаловым текIуэныгъэр къыIэщIихащ «туше» IэмалымкIэ.
Абы ипэ къихуэу Билал гугъуехьышхуэ хэмылъу бэнакIуищым текIуэныгъэр къафIихьащ. Болгарин Илиевми, поляк Скашевици — 8:0-у, китайц Денг 6:0-у хигъэщIахэщ.
Финалым къыпэщIэтар Урысейм и чемпион Магомедов Мухамагазищ. Ари бжыгъэр 11-0-у хигъащIэри, адыгэ щIалэр пщIэ лъагэ зиIэ зэхьэзэхуэм и чемпион хъуащ.
Спорт щIэплъыкIакIуэхэм къызэралъытэмкIэ, дауи, Махуэм зыIэригъэхьа текIуэныгъэмкIэ абы лъэкIыныгъэ къилъэщащ Рио-де-Жанейрэ щекIуэкIыну Олимп Джэгухэм Iэхуитлъэхуит бэнэкIэмкIэ зыкъыщигъэлъэгъуэну.
ДыхуогуфIэ Билал икIи дыхуохъуахъуэ Олимп дыщэм щIэбэныну лъэкIыныгъэ иIэну!
Комментарии