Мыхьэнэшхуэ зиIэ лъэмыжитI зэгъэзэхуэжыным епха лэжьыгъэхэр щыщIадзащ Къэрэшей-Черкес Республикэм. Ар — Ставрополь кIэнауэ Иным телъ, «Лермонтов-Черкесск подъезд к п. Ударный» автомобиль гъуэгум хиубыдэмрэ Инжыдж ЦIыкIу псым телъ, «ЧеркесскИсправнэ-Сторожевой» автомобиль гъуэгумрэ я Iэхэлъахэм щыIэмрэщ.
Зэгъэзэхуэжыныгъэ лэжьыгъэхэр екIуэкIыхункIэ, мы гъэм фокIадэм (сентябрым) и 9-м щегъэжьауэ 2017 гъэм мэлыжьыхьым (апрелым) и 1 нэгъунэ, гъуэгухэр зэхуащIынущи машинэхэр щызекIуэнукъым.
Къапщтэмэ, Ставрополь кIэнауэ Иным телъ лъэмыжыр щаухуар 1963 гъэращ, абы лъандэрэ зэгъэзэхуэжыныгъэ лэжьыгъэ щекIуэкIакъым. IэщIагъэлIхэм щIаплъыкIа нэужь, къалъытащ ар щытыкIэ шынагъуэм иту.
Лъэмыжым щIэгъэкъуа пкъохэр, лъэмыж гъуэгум и гущIыIум телъыр, лъэс лъагъуэхэр, убыдыпIэхэр, гъуэгу къэухьхэр зэрагъэзэхуэжынущ, зэрахъуэкIынущ. Инжыдж ЦIыкIу телъ лъэмыжыр щаухуар 1975 гъэращ. Лъэмыж гъуэгур зэрызэхэкъутам, зэретIысэхам къыхэкIыу, зэрагъэзэхуэжынущ.
Апхуэдэ лэжьыгъэм къыдэкIуэу, щIэгъэкъуэн пкъохэр зэфIагъэувэжынущ, лъэмыж гъуэгур, лъэс зекIуапIэхэр, убыдыпIэхэр зыхуей хуагъэзэнущ. Псыр къиумэ, зэтезыIыгъэну ухуэныгъэхэр псы Iуфэхэм щаухуэнущ, псы зэхуэхьэсыпIэхэм псыр нэзыгъэсыну ухуэныгъэхэри ящIынущ.
Комментарии