Актуально Глава КЧР Рашид Темрезов принял участие во 2-ом заседании организационного комитета по подготовке и проведению Кавказского инвестиционного форума Актуально «Россети Северный Кавказ» взыскали с сетевых компаний и крупных потребителей в Карачаево-Черкесии более 131 млн рублей долга Актуально Студенты КЧР сдали кровь для участников спецоперации Актуально В КЧР пройдут соревнования по ловле донной удочкой Актуально «СМЕРШ». Как создавалась лучшая контрразведка мира?

Лъэпкъыбзэм и зы Iубыгъуэ

26.10.2015 1633
Лъэпкъыбзэм и зы Iубыгъуэ
тешубАдыгэхэм ди адэжь лъэпкъ Хьэтхэм (Хатты) яхьэлIауэ мы зэманым цIыхухэм хащIыкIыр мащIэщ. Илъэс мин бжыгъэкIэ иригъэкIуэкIа зауэ-банэ мыухыжым къыхэкIкIэ, адыгэм тхыбзэр IэщIэхужри, IуэрыIуатэм фIэкI нэгъуэщI къыхуэнакъым. Арами, нобэ дунейпсо щIэныгъэлIхэри, езы адыгэбзэм хэт фIэщыгъэцIэхэри, жыIэгъуэхэри щыхьэт зытехъуэщи, Хьэтхэм я псалъэхэр зыхэт  лексикэри, хьэтыбзэм и бзэ хабзэхэр къзыхэщыж бзэ закъуэри – адыгэбзэмрэ абы и къуэпс абхъазыбзэмрэщ. Абы и IуэхукIэ къэхутэныгъэу ящIар мащIэкъым. Дэ нобэ фызыхэдгъэгъуэзэну дыхуейр адыгэхэм я адэжь Хьэтхэм, абыхэм къабгъэдэса лъэпкъыжьхэм яIа Тхьэхэмрэ абыхэм я цIэр адыгэбзэм зэрыхуэкIуэжымрэщ. Мыбдеж занщIэу жыIэпхъэщ Хьэтхэм (Хатты) куэдкIэ япыщIащ ахэр зэрыса щIыпIэм я гъусэу щыпсэуа Хьетхэр (Хетты). Мы фIэщыгъэцIитIыр зезыхьа лъэпкъхэр щIэныгъэлIхэм языныкъуэм зэхэмыхьэу къалъытэ. Арами, абыхэм я лексикэм къыщыщIэдзауэ, я щэнхабзэмрэ динымрэ щыщIэкIыжу, сыт и IуэхукIи апхуэдизкIэ зэхэпщащи, зэщхьщи, ахэр зэхэбгъэкIыныр хуабжьу гугъущ. НэгъуэщI щIэныгъэлIхэми къалъытэ мы тIур – зы лъэпкъым и къуэпситIу. ДызэрегупсысымкIэ, иужьрей еплъыкIэр нэхъ пэжщ. Хьэтхэри, хьетхэри здэпсэуар иджырей Тыркум и Анатолия  щIыпIэращ. Абы и цIэри къыхэнащ IуэрыIуатэм хэт адыгэхэм я тхьэлъэIум: «Уэ, ди Тхьэу, ди Анэдолэ!» Дауэ щымытми, ди нобэрей тхыгъэм къыхэщынущ къуэпситIми яIа  Тхьэхэм я цIэхэр. Ахэр куэдкIэ зэтохуэ. Абы къыщымынэу, «Хуритты» зи фIэщыгъэцIэу Ищхъэрэ Мессопотамием иса лъэпкъым и лексикэми ахэр куэдкIэ ещхьщ. Хьетхэмрэ хурритхэмрэ куэдкIэ зэпыщIауэ щытащ, я бзэм къыщыщIэдзауэ, куэдкIэ зэхъуэжащ. Езы хурритхэм я бзэр Ику ит Азием къыщежьа бзэмыщIэу иджы къыздэсым къалъытэ. Нэгъэсауэ къэмыхутауэ, атIэ шэч къызытепхьэ еплъыкIэщ яIэр. Языныкъуэ щIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, хурритхэм я бзэр жыжьэ дыдэу хуэбгъэкIуэжыфынущ нахско-дагъыстан бзэхэм. Нобэ фи пащхьэ итлъхьэну фIэщыгъэцIэхэм ящыщ зыбжанэ хурритхэм я бзэм къыщежьауэ щыжаIэ щыIэщ. Арами, езы хурритыбзэр тыншу зымыджыфа, и къежьапIэхэр нэгъэсауэ къэзымыхута апхуэдэ еплъыкIэхэр хьэкъыу бгъэувынри нэгъэсауэ тэрэзкъым. ДызэреплъымкIэ, езы хурритхэм я псалъэ куэд хьэтхэм я деж къыщежьащ. Хьэтхэм тхыбзэ щыхьэт куэд къазэрыщIэмынам папщIэ, псалъэхэр хурритхэм яйуэ къалъытэ хъуащ. ДяпэкIэ къэтхьыну фIэщыгъэцIэхэми яхэтынущ хурритхэм яй дыдэу ягъэбелджыла, арами хьэтхэм зэрехьэлIар наIуэу здэблъагъу, нобэрей адыгэбзэмкIэ нэгъэсауэ зэпкъырыпх щапхъэхэр. Хьэтхэмрэ хьетхэмрэ Тхьэ куэд яIауэ къагъэлъагъуэ. Сыт лъэныкъуэкIи ехьэлIауэ, фIэщыгъэцIэ щхьэхуэхэр яIэжу я Тхьэхэр тхыдэм къыхэнащ. Уеблэмэ «Хьетхэм я Тхьэ миныр (Тысячи Богов Хеттов)» жэуэ щыжаIэ щыIэщ, апхуэдиз Тхьэ бжыгъэ яIэти. Дэ абыхэм ящыщу, нэхъыщхьэхэм дыкъытепсэлъыхьынщ. Дыгъэм и Тхьэу хьэтхэм  къалъытэт «Эстан»  - адыгэбзэкIэ «Уэщтын» Тхьэр. Хьэтхэм, хьетхэм, хурритхэм  я Тхьэшхуэр сурэткIэ къызэрагъэлъагъуэм ухэплъэжмэ, абыхэм яIэщIэлъщ шыблэмрэ уэщымрэ (уэщ – пасэрей джыдэм и цIэ). Абыхэм ямызакъуэу, Тхьэшхуэм, уафэгъуагъуэм и Тхьэм и Iэмэпсымэу лъэпкъ куэдым къалъытэ уэщыр. Псалъэм папщIэ, скандинав лъэпкъхэм. «Уэщтын» псалъэми ухэплъэжмэ, зэрызэхэт Iыхьэхэр наIуэщ – «уэщ+тын». «Уэщ»  Iыхьэм къигъэлъагъуэр Тхьэм иIыгъ джыдэращ. Ауэ, джыдэм хуагъэфэща а фIэщыгъэцIэри пычыгъуитIу зэхэлъыжщ. Апхуэдэу щыщыткIэ, ар нэхъ кIасэу къэхъуа псалъэщ. Ар зэрызэхэт псалъэ Iыхьэхэм я мыхьэнэр нэхъ пасэщ. Япэу дызэплъын хуейри аращ. «Уэщ» псалъэр къызытекIар «уэ, хьэуа (воздух)» мыхьэнэращ. «Щ» хьэрыфымрэ абы игъэбелджылы псалъэ Iыхьэмрэ къагъэлъагъуэр, зи гугъу ящIыр здэщыIэ щыпIэщ. Псалъэм папщIэ: джэдэщ, гъэлъхуэщ. «Уэ+щ» - хьэуар здэщыIэ щIыпIэ. Япэ мыхьэнэуи псалъэм аращ иIэр. Абы иужьщ «Тхьэ джыдэ» мыхьэнэм щыхуэкIуэжыр. АдэкIэ «тын» Iыхьэм и зэхэлъыкIэм нэхъ зэпкъырыхауэ дыкъытеувыIэнщ. «Тын» псалъэр тхыдэжьым къызэрыхэкIыр, «приношение» мыхьэнэ зэриIэр наIуэщ. Тхьэхэм зыгуэркIэ елъэIун и пэкIэ, ар гу хьэлэл къызыхуащIын папщIэ, зыгуэр хуагъэфащэт – Iэщ хуаукIт, лъы ягъажэт, нэгъуэщIхэри ящIэт. Псалъэр зэпкъырытхын и пэкIэ, ар нэхъ къыдгурыIуэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу къытхуэхъуну нэгъуэщI фIэщыгъэцIэ зэпкъырытхынщ. «Тешуб» – «Тещыб» адыгэбзэкIэ. Мы фIэщыгъэцIэр зезыхьэ Тхьэр хурритхэм я деж къыщежьэу, хьетхэм я бзэм къыхэхьэжауэ къалъытэ. ДызэрегупсысымкIэ, ар еплъыкIэ зэпыгъэзащ. Хьэтхэм я деж къыщежьэу, хурритхэм я бзэм хыхьэу, хьетхэм я деж къэкIуэжа фIэщыгъэцIэщ ар. Абы и щыхьэтщ адэкIэ къэтхьынур. «Т» хьэрыфыр Хьэтхэм я цIэми, фIэщыгъэцIэ нэхъ лъапIэхэми къыхощыж. ЗыхуэкIуэ мыхьэнэр иджыри нэгъэсауэ къаубзыхуакъым, ауэ Хьэтхэм зэрехьэлIар къэзыгъэлъагъуэ еиныгъэу я фIэщыгъэцIэхэм хагъыхьэ. Абы къыщымынэу, «те» пычыгъуэр адыгэбзэм къыщагъэсэбэп «зыгуэрым и щхьэмкIэ» мыхьэнэ иIэу: телъхьэ - ищхьэм гъэтIылъ, теувэ – ищхьэм ув, теджэлей – афэ джанэр щатIэгъэным и пэкIэ, щыгъыным и щхьэм къытелъу щатIагъэ, нэгъуэщIхэри. Мыбы и щапхъэхэр куэду къэпхьыфынущ. «Щыб» пычыгъуэр иджырей «щыблэ (молния)» псалъэм хуокIуэж. Псалъэм жыIэкIитI иIэщ: къэбэрдейхэм «щыблэ» жаIэ, Къэрэшей-Черкесым щыпсэухэм «шыблэ». Иджырей «щыблэ (молния)» псалъэр къызытекIари мы Тхьэшхуэм хуокIуэж дызэреплъымкIэ. Сыту жыпIэмэ, Тещыбым сыт щыгъуи Iэ ижьымкIэ  иIыгъу къагъэлъагъуэ шыбли 3.  «Щы+б» - «щы» пычыгъуэм бжыгъэ къигъэлъагъуэу аращ (три), «б» кIэухыр «блэн, маблэ» иджырей псалъэм и лъабжьэщ. Тещыб – «те-щы-б» - «ищхьэм щыблищыр щызыгъаблэ» мыхьэнэращ иIэр. Езыр зэралъытэу щытари уафэгъуагъуэм и Тхьэущ. Хьэтхэм къащIэна тхыгъэхэм уафэгъуагъуэм и Тхьэр наIуэ щыщIащ «Тару» , хьетхэм, лувиецхэм я деж – «Тархун» фIэщыгъэцIэмкIэ. Зэрытлъагъущи, фIэщыгъэцIэу хъуар къызэрыригъажьэр «т» хьэрыфращ – «ищхьэм» мыхьэнэр адыгэбзэкIэ къигъэлъагъуэу. Апхуэдэу щыщыткIэ, а псалъэу хъуам я къежьапIэр хьэтыбзэращ. Мы псалъэм и зэпкъырыхыкIэм къыхэща «т» хьэрыфым и мыхьэнэр сэбэп къытхуохъу ищхьэкIэ зэпкъырыхын къыщедгъэжьа «Уэщтын» фIэщыгъэцIэм деж. Абы и зэпкъырыхыкIэм адэкIэ пыдощэж. «Т» хьэрыфым къегъэлъагъуэ «ищхьэмкIэ» мыхьэнэр. «Н» хьэрыфым мыбдеж къигъэлъагъуэр егъэкIуэкIыпхъэ лэжьыгъэщ. Псалъэм папщIэ: щIэн, псэун, гъэшхэн, блэкIын, теувэн, нэгъуэщIхэри. (Феплъ: «тын- т+ын» - «къытщхьэщытым хуэгъэфэщэн»). Псори зэхэдгъэувжмэ – «Уэ+щ+т+ын» - «хьэуар здызыщэхуэхьэсам (щыпсэу)» жиIэу аращ. Уэщтыным и къуэшщ Телепинус Тхьэр. Ар хьэтхэм я тепщэ нэхъыщхьэу (верховный правитель) къалъытэт. Адыгэбзэ транскрипцэм ибгъэувэжмэ, «ТэлIыпIын» жэуэ укъоджэ. «Т» пычыгъуэм и мыхьэнэр къэтхутагъэхэщ. «ЛIы» пычыгъуэмрэ псалъэмрэ и мыхьэнэр гурыIуэгъуэщ. Мыбдеж жытIэнщи, хьэтхэми, хьетхэми я пщыхэм, Тхьэхэм, цIыхухъухэм  я цIэм хэтщ мы пычыгъуэр. Абы папщIэ, и мыхьэнэми шэч къытетхьэкъым. «ПIын-бын» - мы псалъэхэм зы лъабжьэщ яIэр, ар дяпэкIи бзэм елэжьахэм хьэкъ ящIагъэхэщ. Псори зэхэдгъэувэжмэ, наIуэ мэхъу Тхьэм и цIэр – «Тэ+лIы+пI(б)ын» - лIыхэр (лъэпкъ къупщхьэр) зи быну,зи  пIыну,  къытщхьэщыт Тхьэ. ТэлIыбын и адэщ «Тару» Тхьэр. Мыбдежи наIуэщ «т (тэ)» пычыгъуэм – «къытщхьэщыт» мыхьэнэр зэриIэр, «у(уэ)» пычыгъуэм  «хьэуа» мыхьэнэ зэриIэр. «Р» хьэрыфыр псалъэ IыхьитIыр зэпызыщIэщ. Псалъэм папщIэ: жьэрыплъэ, курыт.  «Тару» - адыгэбзэ къеджэкIэкIэ – «Тэрыуэ» - къытщхьэщыт дуней. Тэрыуэ и щхьэгъусэщ Тхьэ гуащэ, Тхьэхэм я анэ  Ханнаханна. «Анэ» псалъэр наIуэ зэрыхъур гурыIуэгъуэщ. «Хьэ» псалъэри «хьэт» лъэпкъ фIэщыгъэцIэм хуокIуэж. Арами, «ханна» пычыгъуэм тIэунейрэ къыщIытригъэзэжым мыхьэнэ иIэщ. «Мать богов» мыхьэнэр щиIэкIэ, «бог, боги» псалъэр хэтын хуейщ Iэмал имыIэу. Ар шэчыншэщ.  Апхуэдэу щыхъукIэ – адыгэбзэкIэ ар  апщыгъуэми, ноби зэрагъэбелджылы «Тхьэ» псалъэр хэтыпхъэщ. «Ханна –Тхьэанэ» - мать бога, богов. АтIэ, сыт аргуэру зэ къыщIытригъэзэжыр?  «Ханнаханна» мы псалъэр тIууэ къыщIытригъэзэжым и щхьэусыгъуэу зыщ хуэпщIыфынур – абы и IыхьитI зэкIэлъыкIуэм мыхьэнэ зырыз яIэу зэрызэхэлъращ. Армырамэ, ар тIэунейрэ къыщIытрагъэзэжын щыIакъым. Мыхьэнэ зырыз щаIэкIэ, я къэупсэлъыкIэри зырызу щытауэ, хамэбзэ транскрипцэм ихъуэжауэ зэрыщытми шэч къытетхьэкъым. Феплъ: «Тхьэанэхэанэ (Тхьэ+анэ+хэ+анэ)» - «Тхьэхэми, лъэпкъми я анэ».  Источник: riakchr.ru  
1633 просмотров


Комментарии

Написать
Комментарии >



Подписывайтесь на RIAKCHR в Одноклассниках Получайте свежие статьи и новые публикации на свой мобильный
Вступайте в сообщество RIAKCHR в “ВКонтакте” Получайте свежие статьи и новые публикации на свой мобильный
Вступайте в сообщество RIAKCHR в “Telegram” Получайте свежие статьи и новые публикации на свой мобильный