Актуально В Карачаево-Черкесию прибыло руководство Федерации кавказских ассоциации из Турции  Актуально Глава КЧР Рашид Темрезов и председатель Общественной палаты региона Елена Ляшова обсудили работу общественного института за последние три года Актуально В Картинной галерее столицы КЧР открылась выставка творческих работ Лейлы Шуковой СКФО В районе имени Путина в Грозном появится мечеть СКФО Благоустройство памятников в преддверии Дня Победы стартовало в Малгобеке

Хэт ар къывжезыIар фэ, адыгэр дыкIуэдыжыну?

25.09.2015 2190
Хэт ар къывжезыIар фэ, адыгэр дыкIуэдыжыну?
кбрКъэбэрдей-Балъкъэрым мы гъэм етIуанэу щагъэлъэпIащ Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я гуфIэгъуэ махуэш­хуэр. Абы ирихьэлIэу республикэм и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ зэIущIэ гъэщIэгъуэнхэр, зэхыхьэ гукъинэж­хэр, зэпеуэ щхьэпэхэр щрагъэ­кIуэ­кIащ. Налшык Профсоюзхэм щэнхабзэмкIэ я уардэунэм гуфIэгъуэ концерт ин фокIадэм и 19-м щекIуэкIащ. Пшыхь гуапэм къекIуэлIащ зи анэдэлъхубзэм, зи адыгэбзэ дахэм пщIэ хуэзыщIыж куэд. Апхуэдэуи абы къеблэгъащ нэгъуэщI лъэпкъхэм ящыщ, адыгэхэм ди гуфIэгъуэ махуэшхуэр къыддэзыгуэшыну зи мурад цIыхухэр. Лъэпкъ фащэ екIукIэ зэщыхуэпыкIа щIалэгъуалэр утыку къихьа нэужь, адыгэ лъэпкъ пщыкIутIыр кърабжэкIащ икIи дяпэкIэ ди лъэпкъ жыгым хэщIыныгъэ имыгъуэтыну, абы тхьэмпэщIэхэр къыпыкIэурэ зиужьыну, лъэпкъ къуэпсыр мыгъуну, ефIэкIуэну хъуэхъуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ­ЛIыхъужь, КъБР-м и къэрал саугъэтым и лауреат, Горький Максим и цIэкIэ щыIэ Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща КIыщокъуэ Алим и «Си адыгэ Хэку» усэм езыр къеджэу архивым къыхахыжам къызэхуэсахэр щIагъэдэIуащ. ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артисткэ КIэхумахуэ ФатIимэ хъуэхъу дахэкIэ пшыхьым кърихьэлIахэм захуигъэзащ, адыгэбзэм теухуа уси къахуеджащ. - Ди нэхъыжьыфIхэ, ныбжьэгъу лъапIэхэ, ди къуэшхэ, ди шыпхъухэ! Мы махуэхэм дуней псом щыдогъэлъапIэ нэгъабэ япэу дыубла Адыгэхэм ди махуэшхуэр, - захуигъэзащ пшыхьым кърихьэлIахэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.  Лъэпкъым ди щхьэм кърикIуа щIэщ­хъушхуэр, гузэвэгъуэшхуэр зэи тщы­гъупщэнукъым. Абы и зэранкIэ адыгэ лъэпкъыр дуней псом дыщызэбг­ры­дза дыхъуащ. Ар уIэгъэ мыкIыжу ди лъэпкъым и псэм сыт щыгъуи телъынущ. ЗэрытщIэщи, щыгъуэм щыгъуэ къешэ. Илъэс зыбжанэ хъуауэ Дуней­псо Адыгэ Хасэр, адыгэхэр ды­зыщIэхъуэпс Iуэхур къыдэхъулIащ. Ди щIэблэм блэкIар ящымыгъупщэу, къэкIуэну махуэм гукъыдэж, гуфIэ­гъуэ, дэрэжэгъуэ яIэу IущIэн, я фащэ екIухэр щагъэлъэгъуэн, джэгу дахэ щаублэн махуэу Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыхэтлъхьа унафэр КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий къызэрыд­диIыгъам папщIэ фIыщIэ худощI. Тхьэр арэзы къыхухъу. Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ дуней псом щыцIэрыIуэ, адыгэ лъэпкъыр зэрыгушхуэ «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ ансамблым иратыжащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм а  гупым хуигъэфэща «Адыгэ лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ» щIыхьыцIэм щы­хьэт техъуэ тхылъыр, адыгэ лъэпкъ гъуазджэм зегъэужьыным, дунейпсо щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэр гъэбы­дэным хэлъхьэныгъэфI зэрыхуащIам папщIэ. ГуфIэгъуэ пшыхьыр ягъэдэхащ «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ ансамблым (художественнэ унафэщIыр КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Атэбий Игорщ), «Балкария» IуэрыIуатэ-этнографие къэрал ансам­б­лым (художественнэ унафэщIыр ­КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Кудаев Хьэсэнщ), уэрэдымрэ къафэмкIэ «Тэрч къэзакъхэр» къэрал ансамб­-лым (художественнэ унафэщIыр ­КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Бочаровэ Галинэщ), УФ-м и Правительствэм и саугъэтым и лау­реат, Адыгэ Республикэм уэрэдымрэ къафэмкIэ и «Ислъэмей» къэрал ансамблым (художественнэ унафэщIыр композитор цIэрыIуэ Нехей Аслъэнщ), Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм ­къафэмкIэ и «Меркурий» театрым (Къэрэшей-Шэрджэс, Абхъаз республикэхэм я цIыхубэ артист Тание Валерэщ), «Шэджэм псыкъелъэхэр», «Кавказ», «Нартсанэ» уэрэджыIакIуэ гупхэм, УФ-м щIыхь зиIэ и артист, ­Налшык и Музыкэ къэрал театрым и уэрэджыIакIуэ Ташло Алий, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Ингуш, Осетие Ищхъэрэ-Алание, Шэшэн республикэхэм я цIыху­бэ артист Нэхущ Чэрим, Къэбэр­дей-­Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Ингуш, Осетие Ипщэ респуб­ликэхэм я цIыхубэ артисткэ Сокъур Ольгэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист ­Зеущэ Iэуес, Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгэ республикэхэм щIыхь зиIэ я ­артист Гуазэ Тимур, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Бэрэгъун Марианнэ, дунейпсо щэнхабзэ фестивалхэм плIэнейрэ пашэ щыхъуа, лъэпкъыр зэрыгушхуэ щIэблэхэм ящыщ Къалмыкъ Тамерлан, нэгъуэщIхэми. Хабзэ хъуауэ, адыгэм и дэтхэнэ ­гуфIэгъуэми и кIэух уджымкIэ пшыхь гуапэр зэхуащIыжащ. Къызэхуэсахэр Сэхъурокъуэ Хьэутий ехъуэхъуащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу зэ­рыхахыжамкIэ. Уэрэдхэр, хъуэхъухэр, усэхэр, лъэпкъ къафэхэр, макъамэхэр куэду щы­зэхэухуэна концерт щIэщыгъуэр кърихьэлIахэм ягу дыхьэнтэкъэ?! Зэрыт­щIэщи, къафэмрэ макъамэмрэ бзэ хуэныкъуэкъым. Лъэпкъ фащэ да­-хэкIэ зэщыхуэпыкIа, къафэхэр пы­лъ­хьэншэу зыгъэзащIэ, дыкъэзы­гъафэ, дыкъэзыгъэудж ди къэфакIуэ Iэзэхэм я утыку итыкIэм хэплъагъуэрт лъэп­къым къыдекIуэкI хабзэ дахэхэр. ЗэфIэкI ин зыбгъэдэлъ, адыгэбзэр екIуу зыгъэбзэрабзэ, гукъыдэжрэ дэ­рэжэгъуэрэ къыдэзыт артист пашэ­-хэм, уэрэджыIакIуэхэм уащы­кIэ­лъып­­­лъ­кIэ наIуэт адыгэ лъэпкъыр дызэ­ры­мы­кIуэдыжынур, дяпэкIи дызэ­ре­фIэ­кIуэ­нур, кIуэ пэтми зэрызыдужьынур. Махуэшхуэ концертым зыкърагъэхьэлIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, министрхэм, республикэм и къалэ, ­район администрацэхэм я ­    Iэтащхьэхэм, ­ирагъэблэгъахэм. Къи­щы­нэмыщIауэ, пшы­­хьым къекIуэлIащ Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм, хамэ къэралхэм щыпсэууэ махуэшхуэр Хэкужьым щызыгъэлъэпIэну, ди зэ­къуэтыныгъэр, зэкъуэшыныгъэр нэ­хъри зыгъэбыдэну хущIэкъуа ди лъэпкъэгъухэр. Источник: riakchr.ru
2190 просмотров


Комментарии

Написать
Комментарии >



Подписывайтесь на RIAKCHR в Одноклассниках Получайте свежие статьи и новые публикации на свой мобильный
Вступайте в сообщество RIAKCHR в “ВКонтакте” Получайте свежие статьи и новые публикации на свой мобильный
Вступайте в сообщество RIAKCHR в “Telegram” Получайте свежие статьи и новые публикации на свой мобильный