Актуально В КЧР прошла конференция к 90-летию Юрия Калмыкова с участием делегации из Турции Актуально В столице КЧР подвели итоги и наградили отличившихся участников месяца патриотической, спортивной и оборонно-массовой работы Актуально Ярмарка вакансий для особенных соискателей прошла в КЧР Актуально В КЧР состоялся форум онкологов СКФО СКФО Ставропольские врачи удалили с головы пациента гигантскую опухоль

«Ирипсалъэ, адыгэщI, адыгэбзэм, тетыхункIэ мы дунейм адыгэпсэ!»

10.04.2015 5595
«Ирипсалъэ, адыгэщI, адыгэбзэм, тетыхункIэ мы дунейм адыгэпсэ!»
адыгэбзэм и ИлъэсымМыпхуэдэ фIэщыгъэцIэ иIэу Дер Станислав и цIэр зезыхьэ, Инжыджышхуэ къуажэм дэт курыт еджапIэм пшыхь купщIафIэ иджыблагъэ щекIуэкIащ. Адыгэ тхыбзэм и Махуэм теухуа зэхуэсыр ягъэхьэзыращ еджапIэм адыгэбзэмкIэ щезыгъаджэхэу Нэгъуей Альбинэ, Мыжей Маргаритэ, Гуэгуш Маринэ сымэ я нэIэм щIэту. Пшыхьыр къызэIуахыу Урысей Федерацэмрэ адыгэ лъэпкъымрэ я Ныпхэр, макъамэ дахэм щIэту, утыкум кърахьащ еджапIэм и еджакIуэ пашэхэу Мхъцы Елдаррэ Гуэгуш Аскеррэ. АдэкIэ гур хигъахъуэу адыгэхэм я гимныр къыщыIуащ. Ди бзэр ­тхъумэнымрэ абы зегъэужьынымрэ лъэпкъпсо Iуэхуу зэрыщытым, бзэмрэ лъэп­къым и къэкIуэнумрэ зэрызэпхар къыхэщу яубзыхуащ гуфIэгъуэ зэIущIэр къызэзыгъэпэщахэм. Абыхэм Iэмал зэхуэмыдэхэмкIэ къызэхуэсахэм я пащхьэ къралъхьащ ди бзэм и дахагъымрэ абы и IэфIагъымрэ. Утыкум къихьэ дэтхэнэми къигъэлъэгъуар зыщ: лъэпкъым и дежкIэ анэдэлъхубзэм иIэ мыхьэнэр инщ, абы жылагъуэм хуэфэщэн пщIэрэ гулъытэрэ щиIэн хуейщ. Апхуэдэу, псэр дихьэхыу, зыхэщIэ­гъуэу анэдэлъхубзэм теухуа усэхэм къеджащ Старцевэ Наталье, Мыжей Дамир, Псэун Дианэ сымэ. Псэун Марьят адыгэ фащэ дахащэр екIуу щыгъыу «Бзэрабзэ, бзэрабзэ, си адыгэбзэ!» уэрэдыр игъэзэщIащ. Пшыхьым къеблэгъахэм гъэщIэгъуэн дыдэ ящыхъуащ е 2-нэ классым щеджэ еджакIуэ цIыкIухэм къагъэлъэгъуа теплъэгъуэр — «Бзэм теухуа мэз псэущхьэ цIыкIухэм я Хасэ» жыхуиIэр. Хасэм деж къыщызэхуэса псэущхьэ цIыкIухэм наIуэ къащIащ анэдэлъхубзэр лъэпкъым и псэу зэрыщытыр, зи бзэ зымыщIэж лъэпкъыр зэрыхэкIуэдэжынур. АдэкIэ гуфIэгъуэ зэIущIэр ягъэдэхащ е 7-нэ, е 9-нэ классхэм щеджэхэм. Абыхэм лъэпкъ къафэ дахэхэр ягъэзэщIащ. КъыкIэлъыкIуэу, Инжыджышхуэ къуажэм теухуа видео теплъэгъуэр къагъэлъэгъуа нэужь, «Адыгэбзэ» усэ хьэлэмэтым Мамбэт Мусалы къеджащ. Бзэм теухуа видеонэтынхэм, макъамэ гъуэзэджэхэм я ужь, адыгэ джэгу дахэкIэ пшыхьыр зэхуащIыжащ. Хабзэ зэрыхъуауэ, ар иригъэкIуэкIащ еджапIэм и джэгуакIуэ пщэрылъыр зыгъэзащIэ Мамбэт Мусалы. Инжыджышхуэ курыт еджапIэм и еджакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ ягъэхьэзыра гъэлъэгъуэныгъэ купщIа­фIэр икIи гъэщIэгъуэныр абы къекIуэлIа псоми ягу ирихьащ. Мыбдеж къыхэгъэщыпхъэщ мы еджапIэм щылажьэхэм анэдэлъхубзэр хъумэным, зегъэужьыным, егъэфIэкIуэным ехьэлIауэ Iуэху куэд зэралэжьыр. Зы илъэс дэмыкIыу, бзэм и Махуэри, адыгэ тхыбзэм и Махуэри, адыгэ ныпым, адыгэ фащэм я Махуэри удэзыхьэхыу, гукъинэжу еджапIэм къыщызэрагъэпэщ. — Мы гъэр адыгэбзэм и Илъэсу зэрыщытым егъэджакIуэхэри еджакIуэхэри хуабжьу дыщогуфIыкI икIи сыт щыгъуи ди гум илъщ анэдэлъхубзэр пIурылъмэ, бгъэлъапIэмэ, лъэпкъри зэрыпсэунур, зэрымыкIуэдыжынур, щIэблэр лъэпкъыпсэу гъэсэным мыхьэнэшхуэ иIэу зэрыщытыр, — къыддогуашэ Мыжей Маргаритэ. Маргаритэ дызэрыщигъэгъуэзащи, гуфIэгъуэкIэ гъэнщIа мыпхуэдэ зы IуэхукIэ зэфIэкIкъым еджапIэм илэжьхэр. Абыхэм зэхыхьэ, зэпеуэ зэхуэмыдэхэм зыкъыщагъэлъагъуэ, увыпIэфIхэри къахь. Апхуэдэу, ахэр хэтащ адыгэ тхыбзэм теухуа фестивалым. Ар мы пшыхьыр екIуэкIа нэужь зэхэтати, абдеж къыщагъэлъэгъуа теплъэгъуэ цIыкIур нэхъри ягъэщIэрэщIэжщ, нэхъ зрагъэубгъури фестивалым къыщагъэлъэгъуащ. — Фестивалым хэтахэм ди еджакIуэхэращ ныбжькIэ нэхъ цIыкIу дыдэу щытар икIи ди курыт еджапIэ закъуэращ драматическэ сценкэ теплъэгъуэ къэзыгъэлъэгъуар. ИкIи нэрылъагъут къызэхуэсахэм ар хуабжьу ягу зэрырихьар, — жеIэ Маргаритэ. ЖытIэнщи, еджапIэм адыгэбзэмкIэ щезыгъаджэхэм адыгэ лъэпкъым теухуауэ ягъэхьэзыра гъэлъэгъуэныгъэри къулейуэ, удэзыхьэхыу, гъэщIэгъуэну къызэрагъэпэщащ. Абдеж къыщагъэлъэгъуащ пасэрей адыгэ IэщIагъэхэр, Iэмэпсымэхэр, еджакIуэ цIыкIухэм я IэрыкIхэр, егъэджакIуэхэм я методическэ лэжьыгъэхэр. — Гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэдгъэпэщым хуабжьу зыкъытщIагъэкъуащ Инжыджышхуэ курыт еджапIэм технологиемкIэ щезыгъаджэхэу Бэчхэ Германбийрэ Светэрэ, абыхэм я нэIэм щIэт еджакIуэ цIыкIухэм, пэщIэдзэ классхэм я егъэджакIуэхэм, физкультурэмкIэ езыгъаджэ Мыжей Мурзэбэч, адэ-анэхэм къабгъэдэкIыу Хьэкъун Мухьэмэдрэ Бэч Умаррэ, еджапIэм и егъэджакIуэ ныбжьыщIэхэр. Псоми фIыщIэ ин яхудощI, — жиIащ Мыжей Маргаритэ.          Мы гъэр адыгэбзэм и Илъэсу зэрыщытым къыхэкIыу Инжыджышхуэ курыт еджапIэм и егъэджакIуэхэми еджакIуэхэми мурад дахэ куэд я гум илъщи ехъулIэныгъэфIхэр яIэу я лэжьыгъэр къызэрагъэпэщыну ди гуапэщ. Источник: riakchr.ru
5595 просмотров


Комментарии

Написать
Комментарии >



Подписывайтесь на RIAKCHR в Одноклассниках Получайте свежие статьи и новые публикации на свой мобильный
Вступайте в сообщество RIAKCHR в “ВКонтакте” Получайте свежие статьи и новые публикации на свой мобильный
Вступайте в сообщество RIAKCHR в “Telegram” Получайте свежие статьи и новые публикации на свой мобильный