Москва къалэм иджыблагъэ къыщызэIуаха «Дыщэ бжьыхьэ» мэкъумэш гъэлъэгъуэныгъэм, сыт щыгъуи хуэдэу, хэтщ Къэрэшей-Черкес Республикэм икIа гупыр. Абы хэтщ КъЧР-м и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я Администрацэм и унафэщI Салпагаров Елдар, КъЧР-м Правительствэм и тхьэмадэм и япэ къуэдзэ Байчоров Елдар, мэкъумэш предприятэ инхэм я унафэщIхэр.
Гъэлъэгъуэныгъэр къызэIуихащ УФ-м и Правительствэм и Тхьэмадэ Медведев Дмитрий. Абы зэрыжиIамкIэ, ди республикэм и мэкъумэш хъызмэтым ирагъэгъуэт федеральнэ дэIэпыкъуныгъэр дяпэкIи щыIэнущ.
— Къэралым къелъыта псори тщIэнущ дяпэкIи дэIэпыкъуэгъу дыфхуэхъунымкIэ. Экономикэ щытыкIэ хьэлъэм емылъытауэ, илъэс къакIуэ фIэрыдгъэхьэну бюджет дэIэпыкъуныгъэр дгъэнэIуагъэххэщ. Къыхэгъэщыпхъэщи, мэкъумэш хъызмэтым щымыхъукIэ, къудамэ псоми федеральнэ дэIэпыкъуныгъэу яIэрыдгъэхьэфынур дгъэмэщIащ, — жиIащ Медведев Дмитрий.
Къэрэшей-Черкес Республикэр «Дыщэ бжьыхьэ» гъэлъэгъуапIэ утыкум ихьащ инвестицэ проектищкIэ. Ахэр хэгъуэгум и зыужьыныгъэм, хамэ къэрал продукцэр щIыпIэм къыщыщIагъэкIымкIэ зэхъуэкIыным тегъэпсыхьащ.
Гъэлъэгъуэныгъэм хэтхэр щагъэгъуэзэнущ «Хаммер» фирмэм егъэщIылIауэ яухуэ купсэм. Абы и лэжьыгъэр теухуащ жылапхъэфIхэр къэгъэщIынымрэ хъумэнымрэ. Купсэм хэтщ гуэдз хъумапIи 6, гуэдз гъэгъущыпIэ-лъэщапIэ. ЖыIэпхъэщи, апхуэдэ гъунэгъу республикэхэм щыIэкъым, ди деж щымыхъукIэ. ИджыкIэ гектар 850-м къыщагъэкI иужькIэ жылапхъэфIхэр къызыпахыну мэкъумэш къэкIыгъэхэр. Мы гъэм и бжьыхьэм япэ жылапхъэ тонн мини 3-м елэжьынущ. 2017 гъэм и вэн-сэным ехъулIэу Къэрэшей-Черкесым и мэкъумэшыщIэхэм уасэ нэхъ мащIэкIэ яIэрыхьэнущ япэ жылапхъэфIхэр. КъинэмыщIауэ, зэгурыIуэныгъэхэр дащIащ гъунэгъу хэгъуэгухэм.
Купсэм и къару щызу лэжьэн щIидзэнущ 2018 гъэм. Абы къыдэунэхунущ лэжьапIэщIи 152-рэ.
«Дыщэ бжьыхьэ»-м и утыкум щагъэлъэгъуэнущ «Южнэ» комбинатым и зэгъэзэхуэжыныгъэ, ухуэныгъэщIэ проектри.
Гъэлъэгъуэныгъэм хэтхэм нэIуасэ зыхуащIыфынущ хэгъуэгум и Iэщхъуныгъэм. Байчоров Елдар къызэрытепсэлъыхьащи, Къэрэшей-Черкесым и щIыуэпсыр хьэлэмэту тегъэпсыхьащ лыпхъэ Iэщхъуныгъэм. 2012 гъэм щегъэжьауэ республикэм гуащIафIэу щыпхырагъэкI лыпхъэ Iэщхъуныгъэм теухуа программэхэр.
Комментарии