СКФО В Северной Осетии в 2024 году появятся прямые авиарейсы в Нижний Новгород СКФО Сельхозкооперативы в КБР набирают популярность Актуально Региональный этап Всероссийской олимпиады по истории российского предпринимательства прошел в КЧР на базе КЧГУ Актуально Глава КЧР Рашид Темрезов в Приэльбрусье встретился с активистами Общероссийского движения детей и молодежи «Движение Первых» Актуально Глава КЧР Рашид Темрезов в Тырныаузе КБР принял участие в открытии Дворца культуры им. Кайсына Кулиева

Дызыхуэныкъуэмрэ дызыхуэкIуэмрэ

04.02.2015 1077
Дызыхуэныкъуэмрэ дызыхуэкIуэмрэ
черкесШэч гуэри зыхэмылъщи, бзэм лъабжьэ езыт, зезыгъэужь, ипэкIэ зыгъэкIуатэ Iэмалхэм ящыщщ художественнэ псалъэмрэ къалэмымрэ. Адыгэбзэри нобэ къынэзыхьэса Iуэхугъуэ щхьэпэхэм уахэплъэжмэ, тхакIуэхэм усакIуэхэм я зэчийм къытхуихьа фIыгъэр уасэншэщ. Адыгэбзэм и нобэрей щытыкIэр, быдагъэр, дахагъэр япэу гъуджэу къызэрыщыжри абыхэм я IэдакъэщIэкI художественнэ тхыгъэхэращ. УзыфIэмыкIыжыну IуэрыIуатэ бей иIэу къекIуэкIами, адыгэбзэр бзу дамэ лъэныкъуэт тхыбзэ игъуэту, а псор тхылъ напэкIуэцIхэм щримыгъэбыдыхьыжамэ. Пэжыр жыпIэмэ, тхыбзэр нэхъ пIалъэ кIыхькIэ адыгэм къыдэгъуэгурыкIуамэ, нобэ къыднэсыну лIэужьыр куэдкIэ нэхъыбэнут. Ди нобэрей литературэми нэхъ зэрызиужьынур, нэхъ дамэубгъуу зэрыщытынур шэчыншэт. Арами, художественнэ къарукIэ адыгэбзэм ирилъащэ  нобэрей щIэблэм иIэххэкъым жыпIэми, угъуэщэну къыщIэкIынкъым. Тхьэм и шыкуркIэ, диIэщ усакIуэ, тхакIуэ ныбжьыщIэ зыбжанэ, арами, ахэр зэрытхэр урысысыбзэщ, лъэпкъыбзэр я усыгъэм лъабжьэ яхуэхъуакъым. Мыр зи гугъу тщIы усакIуэхэм яхуэгъэза щIагъщIэбзэкъым, абыхэм яхузэфIэкIыр лъэпкъ усыгъэм хуащIэ, республикэми Урысейми я  утыкум  йохьэ. АрщхьэкIэ, урысыбзэкIэ тхэ усакIуэхэм, тхакIуэхэм сыт хуэдэ фIагъ яхэмылъами, ахэр адыгэбзэм и дежкIэ мылъху быну къызэрынэжым шэч лъэпкъ хэлъкъым. Бзэм зэрызиужь лъэныкъуэу иIэр – творчествэ бжьыпэращ. Аращ сыт хуэдэ лъэпкъыбзэм къару къезытри, зыгъэдахэри, зыгъэщIэращIэри, IэмалыщIэхэм хуэзыгъакIуэри. Абы и IуэхукIэ деплъмэ, адыгэбзэм и щIыхуэшхуэ нобэкIэ къыттехуауэ плъытэ хъунущ. Ар тхуэпшыныжынри – упщIэ щхьэхуэщ икIи гугъущ. ЗэманкIэ дызэIэбэкIыжмэ, Iуэхур абы тетакъым. Лъэпкъым сыт щыгъуи къыдекIуэкIащ IуэрыIуатэ бейр, тхыбзэ игъуэта и ужьи IуэрыIуатэращ иджырей адыгэ литературэм лъабжьэу, тегъэщIапIэу иIар.  Ар дуней хабзэщ – тхыбзэм къару здигъуэтым IуэрыIуатэр щоужьыхыж. Лъэпкъми алъандэрэ къыдекIуэкIа щэнхабзэ беягъым нэгъуэщI Iэмал -  зэманым декIу тхыбзэр игъуэтри, зимыужьамэ, зыкIи екIэкIуакъым. Абы къыхыхьэжащ адыгэ тхыбзэр лъащIэ быдэ зыхуэхъуа усакIуэщIэхэр, тхакIуэхэр, публицистхэр. Гъатхэ дыгъэр зэгуэпэкIа щIыгум удзыщIэр къызэрыхэжым хуэдэу, лъэпкъым и творчествэм зыужьыныгъэ хуабжь игъуэтауэ щытащ. Зауэ нэужь зэманхэм къыщыщIэдзауэ, адыгэхэм я творчествэм нэгъэсауэ, икъукIэ къару игъуэтат. Дызригушхуэнщи, псом хуэмыдэу, зыужьыныгъэкIэ мыармыууэ къыщIэкIащ Къэрэшей-Черкесым и адыгэ усыгъэри. Къапщтэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрми, Адыгэ республикэми адыгэу щыпсэум я бжыгъэм елъытауэ, ди республикэм щыпсэу адыгэхэм къахэкIа усакIуэ бжыгъэм, абыхэм я зэчиймрэ усыгъэ къэуатымрэкIэ япэ имыщмэ, икIэкIэ къакIуэкъым. Хьэгъундыкъуей къуажэ закъуэм къыщыунэхуащ усакIуипщIым  щIигъу!  Я хъэтI яIэжу, гъащIэмрэ зэманымрэ усыгъэ зэтегъэпсыхьакIэ пэджэжыфу.  А зэманым республикэм зи лъабжьэ щызыгъэува  усакIуэ ахъырзэманхэм я цIэр нэгъуэщI хэгъуэгухэми щыIут, я усыгъэр лъэщт, зэчий хуабжь ябгъэдэлът. ИкIи, шэч лъэпкъ зыхэмылъщи, абыхэм я фIыщIэкIэ адыгэ усыгъэми ди хэгъуэгум хуабжьу зыщиужьауэ щытащ. Ар уасэ зимыIэ ехъулIэныгъэщ, дяпэкIэ лъэпкъым щIэблэ къыщIэхъуэм щапхъэ, чэнджэщ, ущие хуэхъун усыгъэ къэуат зэрыдиIэм уримыгуфIэуи хъукъым. Ауэ Iуэхур зыхуэкIуэжыр нэгъуэщIщ – диIэ а псор лъабжьэ зыхуэзыщIыжыфыну, адыгэбзэкIэ творчествэр дяпэкIэ зезыгъэужьыну  усакIуэ щIэблэ? Мы упщIэм и жэуапри наIуэщ – иджыкIэ диIэкъым. Мыр хуабжьу Iуэху жагъуэщ, узыгъэуIэбжьэщ, узыгъэгужьейщ. Мы Iуэхум зэрыхэтщIыкIымкIэ жытIэнщи, республикэм щыпсэу  нэгъуэщI лъэпкъхэми я Iуэхур нэхъ жабзэкъым. Илъэс къэс Москва щыщ Филатов Леонид  и Фондым къызэригъэпэщу Ищхъэрэ Кавказым щрагъэкIуэкI усакIуэ-тхакIуэ ныбжьыщIэхэм я зэхьэзэхуэм кIуэн ягъуэткъым. ЩыIэкъым усакIуэ-тхакIуэ ныбжьыщIэ. ЩыIэми зырызыхэщ. Iуэхур нэхъри уи жагъуэ зыщIыр, ди гъунэгъу Ищхъэрэ Кавказ хэгъуэгухэм уахэплъэмэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрращи, творческэ щIэблэр я гъунэжщ, Тхьэм нэхъыби ищI. Ислъамымрэ нэмэз щIынымрэ «итхьэлауэ» къалъытэ Дагъыстанымрэ Шэшэнымрэ усакIуэ, тхакIуэ, сурэтыщI щIалэгъуалэу яIэм уи нэр зэблегъэж. ЕджапIэр къэзыухагъащIэхэм къыщыщIэдзауэ, усыгъэмрэ тхэнымрэ дихьэхауэ, я гурэ я щхьэрэ зэтелъу къэуву, литературэ IуэхукIэ «бзаджэу» къодэуэфыну ныбжьыщIэхэр щыплъагъукIэ, уи гур хэмыхъуэу къанэкъым. Псом хуэмыдэу, щIалэгъуалэ литературэм хуабжьу зыщиужьащ Шэшэн республикэм. Литературэм имызакъуэу, абы творческэ щIэблэу къызэщIэтаджэм дяпэкIэ шэшэн лъэпкъыр нэгъэсауэ зэраIэтыным шэч лъэпкъ хэлъкъым. Iейкъым абы и IуэхукIэ Ингушри, Осетиери. А псом дакъыхэкIыжу, республикэм и творческэ къэкIуэнум дыщегупсыскIэ, гухэщIыгъуэ къуимытуи хъукъым. Арами, ди нэпсыкIэ щIэтлъэщIыкIыу дыщыскIэ, литературэм адэкIэ зиужьынукъым. Ар зыхуэныкъуэр зыгъеинкъым, атIэ зыгъэбыдэнщ, гужьеигъуэм къизышынщ. Властри жылагъуэри кIэщIу и ужь ихьэу, литературэм жылэ гуэрэхэр щыхамысэмэ, гъэгъакIэ бэву щыта хэгъуэгу  литературэр къум нэщI хъунущ. Лъэпкъыбзэри нэхъри зэрекIэкIуэнум шэч хэлъкъым. Источник: riakchr.ru
1077 просмотров

Читайте также



Комментарии

Написать
Комментарии >



Подписывайтесь на RIAKCHR в Одноклассниках Получайте свежие статьи и новые публикации на свой мобильный
Вступайте в сообщество RIAKCHR в “ВКонтакте” Получайте свежие статьи и новые публикации на свой мобильный
Вступайте в сообщество RIAKCHR в “Telegram” Получайте свежие статьи и новые публикации на свой мобильный