Актуально В КЧР прошла конференция к 90-летию Юрия Калмыкова с участием делегации из Турции Актуально В столице КЧР подвели итоги и наградили отличившихся участников месяца патриотической, спортивной и оборонно-массовой работы Актуально Ярмарка вакансий для особенных соискателей прошла в КЧР Актуально В КЧР состоялся форум онкологов СКФО СКФО Ставропольские врачи удалили с головы пациента гигантскую опухоль

ДяпэкIи узыгъэгугъэщ

05.02.2015 818
ДяпэкIи узыгъэгугъэщ
кавказская войнаДунейм и къекIуэкIыкIэмрэ, зэманым и къекIэрэхъуэкIыкIэмрэ ухэплъэжмэ, лъэпкъ къэси къыхудохуэ  зэман хъэлъи IутIыжи. Апхуэдэщ Илъэс 150-кIэ узэIэбэкIыжмэ иуха Кавказ зауэм зи щхьэ псэууэ къыхэзыха адыгэхэр. А илъэсхэмрэ нобэрэ узэхуеплъыжмэ, нэгъэсауэ жыпIэфынущ: Тхьэм и шыкуркIэ зи щэнхабзэрэ щIэныгъэрэ, лъэпкъыбзэрэ егъэджэныгъэрэ, ар зылъысын щIэблэрэ диIэу дыкъызэтенащ. УзэплъэкIыжмэ, Кавказ зауэми и ужь илъэс псынщIэтэкъым лъэпкъым къыхудэхуар. И лъэ быдэу темыувэжауэ, ар  хэплъащ революцэм и хьэлэбэлыкъми, граждан зауэ лышхми, репрессие, коллективизацэ Iуэхухэми, гъаблэ илъэсхэми, Хэку зауэшхуэ гущIэгъуншэми. А псом къыщхьэдэхыфу, зи жылэ зыхъумэжыфу нобэрей зэманым къытехьа лъэпкъыр узригушхуэнщ. Апхуэдэ къару къызыкъуэзыха адыгэр дяпэкIи и гъащIэрэ гуащIэрэкIэ, лэжьыгъэрэ къару узыншэрэкIэ нэхъри зэрызиужьыным шэч къытепхьи хъунукъым. Апхуэдэщ хьэзабымрэ ажалымрэ къыIэщIаха лъэпкъыбзэри. Абы и ужь къыкIэлъыкIуа илъэсхэм ухэплъэжмэ,  зригъэгъуэта зыужьыныгъэм я пашэу, купщIэу,  лъэпкъыбзэр зыхъума  джэлэсу плъытэ хъунущ егъэджэныгъэр. Сытым щхьэкIэ жыпIэмэ, игъуэу, и пIалъэм егъэджэныгъэр ямыгъэтIылъамэ, лъэпкъым щIэныгъэр лъамыгъэIэсамэ, нобэ дгъуэта ехъулIэныгъэхэр икъукIэ нэхъ мащIэу зэрыщытыныр, лъэпкъыбзэми хуабжьу зэрекIуэкIуэнур, тхыбзэми зэрызимыужьыныр  шэчыншэт. Ар къызыхэкIыр, сыт хуэдэ лъэныкъуэгъазэри егъэджэныгъэм зэрыпыщIаращ. ЦIыхухэм гуащIэу, лэжьыгъэ Iыхьэу сыт хуэдэ къудамэми хуагъэтIылъам лъабжьэ хуэхъуар егъэджэныгъэращ. ИкIи Iуэху псынщIэтэкъым ар. Япэрауэ, мы Iуэхум нэгъуэщI зы гугъуехьи хэтащ. Зи хуитыныгъэм щIэзэууэ тхыдэм къыпхырыкIа лъэпкъыр хущIыхьатэкъым и тхыбзэм зригъэужьын, лъэпкъым и щIэныгъэ Iыхьэ игъэтIылъын. Революцэм и пэ къихуэ зэманыр къапщтэмэ, егъэджэныгъэ гуэрэ лъэпкъым лъэзыгъэIэсыхэу щытар мыдрисэхэращ. Iей-фIыми, быдэ-тIасхъэми, абдеж сабийхэм ирагъащIэт тхэкIэр, еджэкIэр. Аращ къызыхэкIари, иужьым, адыгэ алыфбей къызэрагъэпэщын хуей щыхъум, япэу хьэрыпыбзэ графикэм зыщIратам. Лъэпкъым нэхъ къынэIэса, нэхъ зыщызуубгъуа тхыбзэр хьэрыпыбзэрат. Иужьым латин графикэми и ужь итащ, икIэм-икIэжым, зэрытщIэщи, нобэ къэдгъэсэбэп урыс графикэм алыфбейр трагъэуващ. Дауэми, Хэку зауэшхуэм и пэ къихуэ илъэсипщIым егъэджэныгъэм нэхъ зиубгъун щIедзэ. Къуажэхэм еджапIэхэр дащIыхь. Абыхэм классибл, классий нэхъ щрамыгъэджэфми, лъэпкъым и япэ егъэджакIуэхэр, щIэныгъэ гуэр зыбгъэдэлъхэр а зэманращ щагъасэр. Пэжщ, дызытепсэлъыхь илъэсхэми, Хэку зауэшхуэм  иужь кIэщIу къихуэуи, егъэджакIуэу къуажэ еджапIэхэм  нэхъ щылэжьар урыс лъэпкъым къыхэкIахэращ. Ауэ, иужьым, лъэпкъым езым зэрегъэпэщыж сыт лъэныкъуэми хуэгъэза егъэджакIуэхэр. Хэку зауэшхуэм и ужь, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ хуабжьу зыужьыныгъэшхуэ егъуэт. Зауэ-банэм хэтурэ къекIуэкIа, зи щхьэр мафIэм къыхэзыхын ерагъыу зыхуэзэфIэкIа адыгэ лъэпкъыр мамыр гъащIэм хуопабгъэ, ерыщу и ужь йохьэ гъащIэм и сыт хуэдэ лъэныкъуэми, лэжьыгъэми, гуащIэ Iыхьэми. А илъэсхэмрэ иужь къихуэхэмрэ къриубыдэу, еджагъэшхуэу, щIэныгъэлIу, IэщIагъэрылажьэ нэсу лъэпкъым къыхэкIар гъунэншэщ. Абыхэм яхузэфIэкIащ  щIэблэм дяпэкIэ зызытрагъэщIэн, лъэ быдэкIэ зытеувэн лъапсэ узыншэ ягъэтIылъын.  НобэкIэ  диIэщ сыт хуэдэ лъэныкъуэми хуэгъэза щIэныгъэлIхэри, кандидатхэри, докторхэри, IэщIагъэрылажьэ зэхуэмыдэхэри. Абыхэм яхэтщ лъэпкъыбзэм хуэгъэзауэ, курыт, ищхьэ еджапIэхэм хуэлажьэ егъэджакIуэхэр, щIэныгъэлIхэр. Абыхэм зэрагъэпэща къэхутэныгъэхэр, щIэплъыкIыныгъэхэр къупщхьэ хуэхъунущ лъэпкъыбзэм дяпэкIэ лыуэ зыкIэрилъхьэнуми. А псом пкъыуэ иIа  егъэджэныгъэми хузэфIэкIащ нэгъэсауэ зиубгъун. Адыгэхэм къахэкIащ егъэджакIуэ нэсхэр, гъэсакIуэ бэлыхьхэр. ЩIэблэр я нэIэ быдэу щIагъэтщ, ехъулIэныгъэхэм я нэхъ лъагэми хуашэ. Ди егъэджакIуэ куэдым яхузэфIэкIащ къэрал утыкум ихьэу, я IэзагъкIэ нэгъэсауэ загъэлъэгъуэн. Совет союзым къызэригъэпэща егъэджакIуэхэм я япэ съездхэм къыщыщIэдзауэ, лъэпкъым къыхэкIа егъэджакIуэхэр хэлэжьыхьащ, я гуащIэрэ чэнджэщ узыншэрэ халъхьащ. Ноби Урысейм и утыкум пщIэрэ щхьэрэ зиIэу ихьэ егъэджакIуэхэм я увыпIэ щаIыгъыжщ адыгэм къытхэкIахэм. Республикэхэм щIыхь къыщызылъэщахэм я бжыгъэ гъунэжым дыщхьэщыкIынщи, Урысейм щIыхь щызиIэ егъэджакIуэу, нагъыщэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыхуагъэфэщауэ куэд къытхэтщ. Иужьрей илъэсхэми КъЧР-м щыпсэу лъэпкъхэм я зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм щытекIуащ адыгэбзэр зи нэIэ щIэт егъэджакIуэхэр. Абыхэм ящыщщ 2014 гъэм Урысейм деж егъэджакIуэхэм я  зэхьэзэхуэ екIуэкIам пашэныгъэр къыщызэлъэщахэм ящыщ, УФ-м и Къэрал Думэм деж «Урысейм и егъэджакIуэ нэхъыфI» саугъэтыр къызыхуагъэфэща Али-Бэрдыкъуэ е 1-нэ еджапIэм адыгэбзэкIэ щезыгъаджэ Къущхьэ Мадинэ, Къэрэшей-Черкесым щекIуэкIа анэдэлъхубзэкIэ егъэджакIуэхэм я зэхьэзэхуэм е 2-нэ увыпIэр къыщызылъэщауэ, Али-Бэрдыкъуэ къуажэм и е 2-нэ еджапIэм и егъэджакIуэ Токъубай Зуридэ. Кавказ зауэр зэриухрэ илъэс 150 текIыжами, лъэпкъыр мамыр гъащIэм и тыншагъэр зыхищIэу, мыпIейтейуэ и щхьэрэ унагъуэрэ, лъэпкъымрэ Хэкумрэ хуэлэжьэн зэрыщIидзэрэ куэд щIакъым – Хэку зауэшхуэм и ужь илъэсхэращ. Зауэ-банэ зыхэтахэм и щхьэр къыхихыу, зиужьыжын зэрыщIидзэрэ блэкIауэ жыпIэфынур илъэс 60-70-щ. Ар зы цIыху гъащIэ ирикъу-иримыкъущ, а зы гъащIэм лъысыпхъэ зыужьыныгъэу лъэпкъми, лъэпкъыбзэми ягъуэтар Тхьэ узэрелъэIунщ. Нобэ ди егъэджэныгъэр зытеува гъуэгу белджылым, щIалэгъуалэм ялъэIэса щIэныгъэм укъегъэгугъэ дяпэкIи зыужьыныгъэ мымащIэ къытлъэIэсыну. ИкIи хьэкъыу нобэ жыпIэфынущ: зыужьыныгъэмрэ ехъулIэныгъэмрэ я нэхъ купщIэр дяпэкIэ дызыхуэкIуэнщ, абы дызэрынэсын къарурэ щIэныгъэри дбгъэдэлъщ! Источник: riakchr.ru
818 просмотров


Комментарии

Написать
Комментарии >



Подписывайтесь на RIAKCHR в Одноклассниках Получайте свежие статьи и новые публикации на свой мобильный
Вступайте в сообщество RIAKCHR в “ВКонтакте” Получайте свежие статьи и новые публикации на свой мобильный
Вступайте в сообщество RIAKCHR в “Telegram” Получайте свежие статьи и новые публикации на свой мобильный