«Фэ топ» фIэщыгъэцIэр зиIэ, футболымкIэ Урысейпсо зэхьэзэхуэм и хэгъуэгу Iыхьэр (ЮФО, СКФО, КФО), пщащэ футбол командэхэр зыхэтар, Хьэбэз къуажэм дэт «Iэдииху-Пэлас» зыгъэпсэхупIэ комплексым мэкъуауэгъуэм (июным) и 16-20 махуэхэм щекIуэкIащ.
Зэхьэзэхуэм зыкъыщагъэлъэгъуащ 2003-2004, 2005-2006 гъэхэм къалъхуа футболист ныбжьыщIэхэм. Апхуэдэу, гупитIу гуэшауэ команди 8 зэпэщIэтащ. Футболист ныбжьыщIэхэр къабгъэдэкIащ Астрэхъан, Волгоград, Ростов областхэм, Ставрополь крайм, ди республикэм.
Пщащэхэм зэпэщIэтыныгъэ хьэлъэхэр ирагъэкIуэкIащ. ИкIи, 2003-2004 гъэхэм къалъхуа футболистхэр зыхэта командэхэм бжьыпэр щызыубыдар ди республикэм хыхьэ Абазэ районым къыбгъэдэкIа «Шарпны» командэращ. ЕтIуанэ, ещанэ увыпIэхэр Астрэхъан, Ростов областхэм къикIахэм зыIэрагъэхьащ.
Гуапэ зэрытщыхъуну, 2005-2006 гъэхэм къалъхуа футболистхэр зыхэта гупым текIуэныгъэр зыIэрызыгъэхьар Адыгэ-Хьэблэ районым къыбгъэдэкIа «Адыгэ-АРР» командэращ. ЕтIуанэ, ещанэ увыпIэхэр Волгоград областым, Ставрополь крайм я командэхэм яхьащ.
ТекIуэныгъэр къэзыхьахэми, призер хъуахэми кубокхэр, медалхэмрэ щIыхь тхылъхэмрэ хуагъэфэщащ.
Бадзэуэгъуэм (июлым) и кIэхэм хэгъуэгу зэпеуэм текIуэныгъэр къыщызыхьа «Адыгэ-АРР», «Шарпны» командэхэр ТIуапсэ, Ейск къалэхэм щекIуэкIыну, Урысейм и Ипщэм пашагъэр щыубыдыным и финал зэпеуэм зыкъыщагъэлъэгъуэнущ.
ЖыIэпхъэщи, мы зэпеуэм къекIуэлIа футболистхэм, гъэсакIуэхэм фIыщIэ ин хуащIащ зэхьэзэхуэр фIагъ лъагэ иIэу къызэзыгъэпэщахэм. Апхуэдэу, махуэ бжыгъэкIэ, икъукIэ къызэгъэпэщауэ футболист ныбжьыщIэхэр «Iэдииху-Пэлас» хьэщIэщым щыпсэуащ. Командэхэр ерыскъыкIэ, зыхуэныкъуэу хъуамкIэ къызэгъэпэщынымкIэ мылъкукIэ хэлъхьэныгъэ хуэзыщIар Арэшыкъуэ Тыркубий и цIэкIэ Хьэбэз районым щыIэ ПсапащIэ фондращ.
Комментарии